Календарь событий

20 августа 2022

Шууей зекIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэнум щIы­налъэм жыджэру зыщыхуа­гъэхьэзыр. Абы хуэгъэпсауэ, Урысейм нэхъапэкIэ апхуэдэ Iуэхугъуэ къыщымыхъуауэ, Бахъсэн къалэ округым адыгэ фащэхэр зыщыгъ шууейхэм я зекIуэ къыщызэрагъэ­пэщыну я мурадщ. Абы кърагъэ­б­лэгъэнущ рекордхэр зратхэ тхы­лъым и редакцэм и лIыкIуэхэри.
 

Министрыр ягъэпажэ

УФ-м и ФСИН-м и унафэкIэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къыхуагъэфэщащ IэнатIэм республикэм щиIэ управленэм и IуэхущIапIэхэм щаIыгъхэм медико-санитар Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум папщIэ Гаазэ Фёдор и медалыр.

ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа зи чэзу «муниципальнэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, бюджет IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэм зэрыхагъэхъуэнум, унэхэр гъэп­лъы­ным, жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным, гъэ еджэгъуэщIэмрэ республикэм и илъэси 100-р гъэлъэпIэнымрэ зэрыхуэхьэзырым.

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и унэм щекIуэ­кIащ абы хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Зэхуэсым ­хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Уна­-фэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь МуIэед, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ.

Нарткъалэ пашэ хъуащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек нарткъалэдэсхэм ехъуэхъуащ къалэр зэIузэпэщ щIы­нымкIэ проект нэхъыфIхэр къы­щыхах Урысейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуам папщIэ.

Зи Iуэху дэкI щIыналъэхэм хабжэ

ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм хэтхэм  я зэIущIэ мэрем кIуам иригъэкIуэкIащ УФ-м и Пра­вительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъумрэ абы и лъэныкъуэкIэ хэгъэгухэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ.