Календарь событий

21 августа 2022

Ныбжьэгъу пэж

Илъэс 50-м нэблэгъауэ Заур соцIыхури, фIы фIэкIа схужыIэнукъым. 1973 гъэм «Кабардинкэм» сыщыхыхьам, Ма­рыщыр солисту хэтащ. ИкъукIэ дахэу ­къафэрт. Абы игъэзащIэу сигу къинахэм ящыщщ «Ислъэмей», «Псынэм деж» къафэхэр.

Егугъуу сабийхэм ядолажьэ

Заур сэрэ тIури Тэрч дыщыщщ, къищынэмыщIауэ, илъэс куэдкIэ ансамблым дыщызэдэлэжьащ. «ЦIыхур къэпцIыхуну ухуеймэ, гъуэгу дытехьэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. НтIэ, сэ Заур игъусэу гъуэгу мащIэ сытетакъым. Дунейр къызэхэткIухьащ ансамблым.

КъафэкIэ зи гур гъэнщIа

КъэфакIуэ цIэрыIуэ, «Кабардинка» къарал академическэ ансамблым илъэс куэдкIэ и солисту щыта, «Нальчанка» къэфакIуэ гупым и художественнэ унафэщI Марыщ Заур къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъур мы махуэхэм егъэлъапIэ.

Тхыдэр зыхъумэ, къалэр зыгъэбжьыфIэ фэеплъхэр

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу­удзэм хэта лIыхъужьхэм я фэеплъыр Псыхуабэ лъэны­къуэ­кIэ Налшык укъыщыдэ­лъадэкIэ щытщ, Мэлбахъуэмрэ Идарымрэ я уэрамхэм я зэ­хэкIыпIэм деж щыIэ утыкум хуэзэу. А фэеплъыр япэу 1970 гъэм къызэIуахауэ щытащ. ИтIа­нэ, 2005 гъэм, шууей хъы­жьэм и теплъэр скульптор цIэ­рыIуэ ТхьэкIумашэ Михаил и проектымкIэ ягъэуващ.