Календарь событий

23 августа 2022

ЛIэщIыгъуэм нэблэгъауэ Хэкум хуолажьэ

Урысейм и ДОСААФ-м и зыужьыныгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу ди къэралым и тхыдэм епхащ. Абы игъэващ Хэкум и гукъеуэри, иIэтащ ехъулIэныгъэри. Зыхъумэжыныгъэм, авиацэмрэ химическэ ухуэныгъэмрэ и щIэгъэкъуэн зэгухьэныгъэм (ОСОАВИАХИМ) и щIэблэ ДОСААФ-р I927 гъэм щIышылэм и 23-м къызэрагъэпэщауэ щытащ. Мы гъэм абы и илъэс 95 юбилейр ягъэлъапIэ. Я къалэн нэхъыщхъэри ягъэзащIэ - щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэхъунымрэ Хэкур яхъумэным хуэгъэхьэзырынымрэ.

ДЫГЪЭНЭХУ

Рассказ кIэщI

Гуэл ЩхъуантIэхэм я удыгъэ къарур

Каленин Олег Пензэ областым хыхьэ, Русский Камешкир къуажэм къыщыдэкI «Новь» газетым и сурэттехщ. ЦIыхуибл хъууэ Пензэ областым къикIа лIыкIуэхэм язт фотокорреспондентыр. Абы и репортажыр епхащ я гупыр Гуэл ЩхъуантIэхэм зэрыщыIам.

И бий нэхъыщхьэр къабзагъэрщ

Жьэн узыр хьэлъэу узыгъэсымаджэ узыфэ зэрыцIалэщ. А узыр къызыпкърыкI микробхэр гъэкIуэдыгъуейщ, абы къыхэкIыу сымаджэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къабзагъэм, ар сыт и лъэныкъуэкIи зыкIэлъыплъыжын хуейщ. Псом хуэмыдэу сакъын хуейщ лы, шэ, шатэ, джэдыкIэ хуэдэхэр къыщыпщэхукIэ. А ерыскъыхэм жьэн узыр къэзыгъэхъей микробхэр нэхъ яхуэлъэщ, абы къыхэкIыу ахэр щащэ щIыпIэхэм къабзагъэм и хабзэхэр къыщызэпаудмэ, цIыхум и узыншагъэм и дежкIэ абы къашэ шынагъуэр къыпхуэмылъытэнщ.

Адыгэ усыгъэр зыгъэбейхэр

Адыгэ прозэм хэлъхьэныгъэ дахэ хуищIащ КIыщокъуэ Алим. Абы и творчествэр нэхъыбэу щекIуэкIар совет зэманырщ, ауэ лъэхъэнэщIэм щыщIидзэ дыдэм «Лъапсэ» романыр, и новеллэхэр щызэхуэхьэса «Хъыбархэр» (1999) сборникыр, «Шхьэлыкъуэ» усэ тхылъыр къыдигъэкIын хузэфIэкIащ. Романыр пычыгъуэурэ (1990 - 1991 гъэхэм) «Iуащхьэмахуэ» журналым къытрадзащ, ауэ щхьэхуэу «Лъапсэр» 1994 гъэрщ къыщыдэкIар. ИужькIэ ар урысыбзэкIи зэрадзэкIауэ дунейм къытехьащ. КIыщокъуэр усакIуэ гъуэзэджэт, абы лъэпкъ прозэри къэрал утыкум иришащ. «Лъапсэ» романри тхакIуэшхуэм къехъулIащ.

Комсомолхэм блынхэр ягъэдахэ

Налшык и комсомол зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей уэрамым тет унэм сурэтхэр тращIыхьащ, «Минеральные воды» IуэхущIапIэм пэмыжыжьэу. Iуэхур къызэрагъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

Нысашэм къыщигъуэта IэщIагъэ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къашыргъэ Мадинэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным, абы щIалэгъуалэр дегъэхьэхыным илъэс 30-м щIигъуауэ йолэжь. Бзылъхугъэр 1989 гъэ лъандэрэ щрегъаджэ Налшык къалэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэщ икIи концертмейстерщ.

ИщIари имыщIари…

Къызэралъхурэ илъэс 350-р зэрырикъур мы гъэм ягъэлъапIэ япэ урыс император Петр Езанэр тхыдэм къыхэнащ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми лъэIэс цIыху телъыджэу. Ахэр апхуэдизу куэд мэхъури, уеблэмэ имыщIахэри кIэралъхьэ. Псоми я гугъу тхуэмыщIми, языныкъуэ унафэхэр щапхъэу къэтхьынщ.

Дунейм щыхъыбархэр

ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ
– 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
Белоруссием щагъэлъапIэ Къэрал статистикэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
1382 гъэм
Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ар япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
1924 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «Монако» футбол клубыр.