Календарь событий

24 августа 2022

Я сэбэп зыхэлъхэр япэ ирагъэщ

 США-р зи унафэщI «КъухьэпIэ зэкъуэтымрэ» Урысеймрэ я зэхущытыкIэхэр зи хуэдэр долъагъу икIи ахэр зэгуэр ефIэкIуэжыну фэ ятеткъым. Абы щыгъуэми, НАТО-м хэт икIи ди гъунэгъу Тыркумрэ ди къэралымрэ я зэпыщIэныгъэхэм заубгъу. Хэбгъэзыхьмэ, президентхэу Путинрэ Эрдоганрэ иджыблагъэ зэхуэза (ахэр куэдрэ зопсалъэ) иужь жаIащ ди зэпыщIэныгъэхэр доллар мелард 30-м и уасэм икIыу доллар меларди 100-м (!) зэрынэсынур. Мыбы политикэ хэлъкъым: лъэныкъуитIми къалъыхъуэр я сэбэп зыхэлъхэрщ…

ЦIыху гъащIэр зыри и уасэтэкъым

1944    гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м Гитлер къыIэрыхьащ Франджым щыIэ зэрыпхъуакIуэ дзэхэм я унафэщI генерал-фельдмаршал Роммель къыбгъэдэкI телеграммэ: «Нормандием фронтыр кIуэ пэтми нэхъ гугъу щохъу. ХэщIыныгъэхэр апхуэдизкIэ ди куэдщи, дивизэхэр щIагъуэу зауэжыфыркъым. Къытхэхъуэр мащIэ дыдэщ. Ди бийхэм я къарум хэхъуэ зэпытщ. Абы къыхэкIыу фронтыр къызэпратхъыу ди бийхэр Франджым пхрыкIынкIэ шынагъуэщ. Къэхъунур хэплъэгъуэщ».

ЩIалэгъуалэр я зэфIэкI Кърымым щоплъыж

 Кърымым шыщхьэуIум и 15 - 19-хэм щекIуэкI «Таврида. АРТ» еплIанэ фестивалым къыщызэIуахащ «Россия – страна возможностей» зи щхьэ хущытыж мыкоммерцэ IуэхущIапIэр (АНО). Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ икIи IуэхущIапIэм и кIэлъыплъакIуэ советым и унафэщI хъуащ.
«РОССИЯ – страна возможностей» платформэм и унафэщIым и къуэдзэ Сериков Антон зэрыжиIамкIэ, зэхыхьэр къыхэзылъхьахэм я къалэн нэхъыщхьэр фестивалым хэтхэм зрагъэужьынырщ.

ЩIыпIэцIэхэр

Анапа – Iэнэпэ (абазэбзэкIэ «къудамэм» и къежьапIэ жиIэу аращ, псы къудамэ жиIэу къикIыу). Пасэрей зэман жыжьэм алыджхэм Анапэм щхьэкIэ Горгиппие, генуэзхэм Марэ, тыркухэм Бугуркъалэ жаIэу щытащ.
Адлер – 1864 гъэ пщIондэ Арыдбэ абазэ уэркъ лъэпкъым ейуэ щытащ Адлер и Iэгъуэблагъэр. ЛъэпкъыцIэр къалэм и фIэщыгъэцIэ хъужащ.
Армавир – Ермэлыхьэблэ (Джаурхьэблэ жаIэуи щытащ), ермэлыхэр (армянхэр) зыдэс къуажэ къикIыу аращ.
Георгиевск - Гумкъалэ
Зеленчук – Инжыдж

Жьы хъуа псалъэхэр

ЛIакъуэлIэш - Представитель кабардинского дворянского сословия, стоявшего на втором месте после князей. Я тепщэныгъэкIэ къэбэрдеипщхэм къакIэлъыкIуэу щыта уэркъ лъэпкъым къыхэкIа цIыху. ЛIакъуэлIэшхэр щхьэхуэу зэхэтт, джэгум нэхъ хуиту щахэплъэн увыпIэ яубыдауэ.
* * *
Матэкъуаншэ - Большая корзина для хранения продуктов и вещей. Шхын гъур хьэпшып зэрызэрахьэ къу къуаншэ зытет матэшхуэ. Матэкъуаншэ ярылъщ выгухэм, зи гупкIэм ныш ныси гъунэжщ.
* * *

ЩIэныгъэр мылъкущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лэжьакIуэ, Технологиехэмрэ къэхутэныгъэщIэхэмрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъунымкIэ и Центрым и унафэщI Мэржэхъу Марьянэ иджыблагъэ хэтащ Сочи къалэм къыщызэрагъэпэща IP Гъэмахуэ академием и «ЩIэныгъэ мылъкур IэкIуэлъакIуэу зэрызэрагъакIуэ Iэмалхэр: аудитыр, лэжьыгъэм и ухуэкIэмрэ унэтIыкIэмрэ, IэщIагъэхэр» программэм.

ДЕЙ

  Iэсэ йоплъ лъэгу хадэм ит дэшхуейм - цIыху абрагъуэ хэплъэу щыт хуэдэщ; мащIэу щIэгъэхуа и лъакъуэ ижьым лъэтхьэмпэшхуэ къыхокI, «гуэншырыкъ» фIэлъу, лъапэ исам лъэпс иупIэхэр зэпэIузэу еблыхащ, лъащхьэм хъурейуэ къекIуэкI лэдэххэр апхуэдизу IупщIщи, мис иджыпсту хобэкъукI жыпIэнщ жыг домбейр. Абы щIэIэбэу зы дэ къыщIихыху, Тхьэм йолъэIу Iэсэ - фарзщ.

УщепсыхынкIэ Iэмал зимыIэ

КIэи пэи зыдумылъагъу уахэм и зы къуэгъэнапIэ Бдзэжьейхэм я вагъуэбэм (созвездие Рыб) астрофизикхэм къыщагъуэтащ, и щIыгум къыщешх «уэшхыр» зэрыгужьеигъуэ дыдэм къыхэкIыу, жыхьэнмэм хуагъэда планетэ шынагъуэ.

 

Спартакиадэр йокIуэкI

Мы махуэхэм «ЕджакIуэхэм я XI гъэмахуэ спартакиадэ 2022». Абы и саугъэт нэхъыщхьэхэм спортсмен минипщIым нэблагъэ щIобэн. Жэпуэгъуэм и 2 пщIондэ зэхьэзэхуэм хэтынухэр щызэхьэзэхуэнущ спорт лIэужьыгъуэ 40-м.
Зэхьэзэхуэм хагъэхьа спорт лIэужьыгъуэхэр «Олимпиадэ-2024»-м къыщыгъэлъэгъуахэращ. Зэпеуэхэм я нэхъыбэр щекIуэкIынущ Мэзкуурэ Мэзкуу областымрэ, Спартакиадэм и къалэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Санкт-Петербургрэ Къэзанрэ.

Нобэ

Къыргъызым и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ
79 гъэм
Везувий вулканыр къибыргъукIащ. Абы щIым щыщ ищIауэ щытащ Помпей, Геркуланум къалэхэр.
1516 гъэм Алеппэ (Сирие) ищхъэрэIуэкIэ тыркудзэхэм мысыр мамлюкхэм я дзэхэр щызэтракъутащ, а IэщэмкIэ узэуэныр мызахуагъэу, уеблэмэ щIэпхъаджагъэу иужьрейхэм къалъытэри, топхэр къагъэсэбэпын ядатэкъыми.
1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку.