Календарь событий

25 августа 2022

«И псэращ ещхьыр»

«Ещхьщ Iунэ, ауэ дэндейра ещхьыр? И нитIыра? Хьэмэрэ и Iупэра? Е и пэрауэ пIэрэ? - Ефэндым къыхуэубыдыркъым пхъэ гуащэр Iунэ зэрещхь щIыкIэр. - Дауэ мыр? И пэр ещхькъым, и нэр ещхькъым, и Iупэ-жьэпкъыпэри ещхьыщэу жыпIэнкъым. ИтIани, ещхьщ.
- Ей, тхьэмыщкIэ, - къопсалъэ ар, зылъыхъуэр къыщыхуэмыгъуэткIэ, - ей, тхьэмыщкIэ, мыр Iунэ ещхьи-тIэ!
- Уэи, къэпщIам! - жи Хьэбалэ, ныкъуэгуфIэ-ныкъуэдыхьэшхыу.

КъэкIуэнур зей пщащэ

Мы тхыгъэр зытеухуа Къанэмэт ФатIимэ куэдым зезыпщыт, зи зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъуэ, щIэ куэд зэзыгъэлъагъу, щIыналъэри къэралри зэрыгушхуэ, нэхъыбэжкIэ зыщыгугъ щIалэгъуалэм ящыщщ. 
 

ЛэжьакIуэ цIэрыIуэхэр

Ахъуэхъу Аслъэнбий хуэдэ цIыху республикэм илъэсищэм зэ къихъуэми аращ. Ар цIыху телъыджэт. ФэрыщIагъым хуэхейт. И фIэщу лэжьыгъэм бгъэдэтт. Iуэху гуэр иIэу зыгуэр и пэшым щIыхьамэ, фIыуэ хищIыкIын хуейт зытепсэлъыхьым. ЗанщIэу упщIэр нахуэу игъэувырт: сыт уэрэ сэрэ зи Iуэху зетхуэнур? 

ГурыщIэ къабзэм и макъамэ

ЩыIэу къыщIэкIынкъым мэзыр фIыуэ зымылъагъу, абы кIуэуэ и хьэуа къабзэмкIэ бэуэну зыфIэмыфI, и хъугъуэфIыгъуэм щыщ кIэдахъуэкIэ къищыпыну, щыщэкIуэну, и нэгу зыщригъэужьыну хущIэмыкъу. ЩIэмыхъуэпс щыIэми – зырызщ. А зырызым сэри сахэтщ. «Сахэтщ» жыпIэнри тэмэм дыдэкъым. Сахэтащ. Сахэтащ жысIэ щхьэкIэ, мэзыр фIыуэ слъэгъуауэ, абы сыкIуэну си нэ къикI фIэкIа, сыкIуакъым.

Япэ итхэм хабжэ

УФ-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и унафэ щIэт университетхэр (ахэр 700-м щIегъу) хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрадэлажьэмрэ я IуэхущIафэхэр зыхуэдэр цIыхубэм зэрыхагъаIуэмрэ ятеухуауэ мазэ къэс ирагъэкIуэкI медиакъэпщытэныгъэм Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къыщыхэжаныкIащ. КъБКъУ-р медаижыджэрагъкIэ нэхъыфI дыдэу къалъыта процент 30-м хиубыдащ.

ЩэкIуэным хэпсэукI лъэпкъыжь

Илъэс 40000-м нэблэгъауэ Танзание Ищхъэрэм хыхьэ, тхыдэкIэ къалъыс я щIы Iыхьэм щопсэу «хадза» лъэпкъыр. Иужьрей илъэс 50-м къриубыдэу, абы щыщу процент 90-м нэс яфIэкIуэдащ. Iуэхум щхьэусыгъуэ хуэхъуар щIым телэжьыхь хьэрычэтыщIэхэм щысхь ямыIэу мэзхэр зэрыраупщIыкIымрэ псы къыщIэжыпIэхэр зэрызэпрашымрэщ. Дызэрыт зэманым я бжыгъэр 1 миным нэсыж-нэмысыжщ лъэпкъым. 

Нобэ

Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ
Бразилием щагъэлъапIэ сэлэтым и махуэр
1609 гъэм
Италием щыщ физик, астроном Галилей Галилео цIыхухэм яригъэлъэгъуащ и IэмэпсымэщIэр – телескопыр.
1919 гъэм дунейм щыяпэу Лондон – Париж гъуэгуанэм кхъухьлъатэхэр трагъэуващ икIи пIалъэ пыухыкIам тету рейсхэр ягъэзащIэу щIадзащ.
1944 гъэм Берлин и Плётцензее гъэрэщым щаукIащ фашизмэм и бий гупым щыщхэр. Абыхэм яхэтащ тэтэр усакIуэ, иужькIэ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр зыфIащыжа Джалиль Муса.