Календарь событий

26 августа 2022

IэмалыщIэр япэу къэзыгъэсэбэпа банк

«Урысейм и Мэкъумэшбанкым» интернетым щиIэ «Своё жильё» платформэм дяпэкIэ онлайн щIыкIэм электрон IэщIэдзкIэ щIэгъэбыдауэ щызэфIагъэкIыфынущ ипотекэ зэгурыIуэныгъэхэр. Ди къэралым и банкхэм ящыщу «Мэкъумэшбанкым» япэу къигъэсэбэпын щIидзащ «Госключ» интернет гудзэныр. Абы и сертификат къыдэхынымрэ электрон IэщIэдзыр зэхэгъэувэнымрэ пщIэншэщ. IэмалыщIэм нэхъ тынш ещI псэупIэ къэщэхуным ехьэлIа кредитым и къыхэхынымрэ а Iуэхум ехьэлIа зэгурыIуэныгъэхэр зэщIылIэнымрэ.

Ди щIалэхэр Къэзан къыщыхожаныкI

Мы махуэхэм йокIуэкI Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм зэдай гъэмахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я I Спартакиадэ. Дзюдоитсхэм я зэпэщIэтыныгъэ япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абы медалитI къыщахьащ. Псори зэхэту саугъэт нэхъыщхьэхэм спартакиадэм щыщIобэн дзюдоист 325-рэ (цIыхухъурэ цIыхубзу).

Медицинэмрэ биологиемрэ я иужьрей къэхутэныгъэхэр

Медицинэр и пIэ иткъым, абы зэпымычууэ зеужь. Абы и фIыгъэкIи нэхъапэм уз шынагъуэу къалъытэу щытахэр ягъэхъужыф, языныкъуэ узыфэхэр ягъэкIуэдыпащ. Ауэ абы и иужьрей къэхутэныгъэхэр фIэщ щIыгъуейщ жыхуаIэм хуэдэу телъыджэщ.

Аккизовэ Имарэ и гъэлъэгъуэныгъэщIэ

Къэбэрдей уэрамым тет «Малахитовая шкатулка» арт-хьэщIэщым иджыблагъэ къыщызэIуахащ сурэтыщI Аккизовэ Имарэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Европэр уэгъум иубыдащ

Еврокомиссэм и КъэхутакIуэ IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, ЕС-м и зэхуэдитIыр зыубыда уэгъум хуэдэ иужьрей илъэс 500-м ялъэгъуакъым.

КъБР-м и телъыджиблыр

Анкудиновэ Наталье Новосибирск областым къыщыдэкI «Тогучинская газета»-м и редактор нэхъыщхьэщ. «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым хэту КъБР-м щилъэгъуахэм дунейпсо мыхьэнэ иIэу къелъытэ журналистым. Ауэ и Iуэтэжыр жыпхъэ къызэрымыкIуэм иригъэуващ. ДыщIэвгъэдэIут езы Наталье и псэлъэкIэм.

Жэрдэмхэр нэхъыбэ мэхъу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «ЩхъуантIагъэм и хъумакIуэхэр» зи фIэщыгъэ и щIыуэпс зэгухьэныгъэр иджыблагъэ хэтащ пхъэнкIийр зэхэхауэ идзын хуейуэ зыгъэув жэрдэмым. Iуэхур нэхъыбэ дыдэу теухуат пластикэхэкIхэмрэ сэхусэплъхэкIхэмрэ зэхэпкIутэ зэрымыхъунум, ахэр Iэмалыншэу зэхэдзын икIи зэщхьэщыхауэ щытын зэрыхуейм.

 

Къэмыхъуам ирипIейтейхэр

2050 гъэхэм ирихьэлIэу дунейм цIыхуу тетым я бжыгъэр меларди 9-м нэсынущ.

«Бэджыхъым» ирихьахэр

Iуэтэж

Узыфэм зыщыпхъумэфынущ

Узыфэ зэрыцIалэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр цIыхухэм къабзагъэм и хабзэхэр тэмэму зэрамыгъэзащIэрщ. Апхуэдэ узыфэхэр къезыхьэкIхэм ящыщщ ротавирусымрэ норовирусымрэ.

Куэдрэ я фIэщ хъуакъым

1967 гъэм Канадэм щекIуэкIащ «Экспо-67» гъэлъэгъуэныгъэр. Абы я зэфIэкIым щеплъыжащ СССР-м и IуэхущIапIэ куэдыр. Ящыщ зым- «Теххимимпортым» и лIыкIуэхэм я пашэт Максимов Анатолий. Аращ мы тхыгъэ кIэщIри зытеухуари.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦Шахтёрым и махуэщ

♦Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Осетие Ипщэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Тыркум IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я махуэщ

♦1382 гъэм тэтэр хъан Тохъутэмыщ и дзэм Москва къиубыдащ икIи абы лыгъэ иридзащ. Абы кIэлъыкIуэу яубыдат Владимир, Переяславль, Юрьев, Звенигород, Можайск къалэхэр.

♦1723 гъэм Петергоф псыутххэр я комплекс щаутIыпщащ.