Календарь событий

27 августа 2022

Iуащхьэмахуэ ныпхэр щохуарзэ

«Архъыз», «Iуащхьэмахуэ», «Ведучи» зыгъэпсэхупIэхэм я лэжьакIуэхэри хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Iуащхьэмахуэ дэкIуея гупышхуэм. 

Сымаджэхэм я тхьэусыхафэхэм хоплъэ

Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм ­ягъуэт дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр зыхуэдэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы хэтащ дохутырхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, республикэм и хабзэхъумэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и деж щылажьэ, Сымаджэхэм я ­хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэт ХъуэкIуэн Тамарэ.

Тэмэму дыпсэун папщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым терроризмэмрэ экстремизмэмрэ епха щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным гулъытэшхуэ щыхуащI. Абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызэрагъэпэщ «КъБР-м терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щапэщIэтын» къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуахэм тету. 2022 гъэр къызэрихьэрэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэми унэтIыныгъэ зэмылIэужьы­гъуэкIэ гуэшауэ лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI. 

Махуэшхуэ зэIущIэхэр шынагъуэншэу

Налшык щекIуэкIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я зэIущIэ. Ар теу­хуат фокIадэм республикэм щызэхэтыну гуфIэгъуэ, фэ­еплъ Iуэхухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным. КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей иригъэкIуэкIа зэхуэсым хэтащ щIыналъэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, ­къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр.

МэкъумэшыщIэхэм я дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэ

«Урысейм и Мэкъумэш банкым» и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр жыджэру холэжьыхь республикэм и экономикэм зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ инвестицэ проектхэр гъэзэщIэным. Псом хуэмыдэу абы ахъшэшхуэ яхуеутIыпщ жыг хадэхэр ­зыгъэкIхэмрэ гъавэ хэзысэхэмрэ. Банкым щIыхуэхэр ­яхуеутIыпщ зи чэзу лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкI мэ­къу­мэшыщIэхэми. «Мэкъумэш банкым» и Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм и унафэщI Сокъур Алим зэрыжиIамкIэ, куэдым ират илъэсым процентитху нэхърэ нэхъыбэ зыщхьэщамытыкI кредитхэр.

Кавказ макъамэхэр щоIу

Налшык и Театр щхъуантIэм шыщ­хьэуIум и ­25-м япэу къыщызэIуахащ KAVKAZ MUSIC FEST щэнхабзэ зэхы­хьэшхуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. 

Мамырыгъэрщ зыхуэунэтIар къалэн пыухыкIахэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Къэбэрдей-Балъ­къэрым и жылагъуэ, дин зэ­гухьэныгъэхэм я лIыкIуэу Хер­сон областым щыщ Ска­довск­ къалэм щыхьэщIауэ иджыблагъэ къэзыгъэзэжахэм. Делегацэр Херсон облас­тым кIуауэ щытащ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ къы­зэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэтын папщIэ.