Календарь событий

01 сентября 2022

«Тэрчыр» къиуащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм ще­кIуэкI зэхьэзэхуэм и еп­щыкIуиянэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

«Бжьыхьэ-2022»

Налшык дэт Лъэпкъ музейм а фIэщыгъэм щIэту мы махуэхэм къыщызэ­Iуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 щри­къум хуэгъэпса гъэлъэ­гъуэныгъэ телъыджэ. Абы ди щIыналъэм, абы и тхы­дэм, щIыуэпсым, цIыху цIэ­­рыIуэхэм я сурэтхэр щыкуэдт. 

Мамырыгъэ фиIэну!

Пензэ областым къикIа Радаевэ Ольгэ «Новое время» газетым и редактор нэхъыщхьэщ. «Си щIыналъэ» фестивалым хэту абы игъэхьэзыра «шэрхъ репортажри» зы­теухуар Гуэл щхъуантIэхэрщ. 

Бзылъхугъэм и пщIэр къэзыIэт

2022 гъэм щегъэжьауэ Урысейм «Анэ-лIыхъужь» цIэ лъапIэр бзылъхугъэхэм щрату щIадзэжынущ. Абы теухуа унафэр къэралым и Президентым къыдигъэкIащ. 

Япэ уэзджынэм и гуфIэгъуэшхуэ

Ди щIыналъэм и махуэ нэхъ дахэхэм ящыщщ нобэрейр. Дыщыпсэу къэралышхуэм и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм щагъэлъапIэ ЩIэныгъэхэм я махуэр. БлэкIа илъэситIым, коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм дуней псом зыщиубгъуауэ щыщыта лъэхъэнэ гугъум, хуэ­мы­дэу фокIадэм и 1-м гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр Iэтауэ дэнэкIи щокIуэкI. Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм нышэдибэ къыдыхьащ удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьы­щIэхэр. Ахэр хуопIащIэ я школхэм ще­кIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр - нобэ

Дэ дыщопсэу илъэсищэ гъуэгуанэ къызэзынэкIа, гъащIэм декIуу зызыужь, лъэпкъ куэд зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу щызэхэс хэку телъыджэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэр щынэрылъагъущ цIыхухэм я псэукIэр зэрефIакIуэм, ахэр псэун щхьэ­кIэ зыхуей Iэмал псори хэгъэгум къызэрыщызэгъэпэщам, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ я зэхуаку пщIэ дэлъу, зи ­къару илъыгъуэр лажьэу, щIалэгъуалэр еджэу, сабийхэр гъащIэм щыгуфIыкIыу зэрыпсэум.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

ЩIэныгъэхэм я махуэщ. Урысейм имызакъуэу, ар щагъэлъапIэ Совет Союзым хыхьэу щыта къэрал куэдми.….

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ. 1921 гъэм Къэбэрдей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ. I936 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-щ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ

Дзэ щIыхьым и къалэ, КъБР-м и щыхьэр Налшык и махуэщ