Календарь событий

02 сентября 2022

ЦIыху губзыгъэ и псалъэ уахътыншэщ

Актрисэ щIалэ гуэр  Уайльд Оскар  хуэтхьэусыхэрт гулъытэ зэрыщыщIэм и IуэхукIэ:

- Критикхэм зы  псалъи ятхыркъым  сыкъызэрыунэхуар къыхагъэщу.  ЗэгурыIуауэ, дзэхупс зыIурагъэлъэдам хуэдэу, щэхущ. Сыт сщIэнур?

-ЗапыпщIыжрэ, уэри  псалъэ умытхыжмэ,  уахурикъуащ, -  ечэнджэщащ абы тхакIуэр.

*

Тайлеран дихьэхауэ   Сталь Аннэ яужь итт, ауэ нэгъуэщI бзылъхугъэ гуэрми кIэлъыкIуэрт. Ар къэзыщIа Аннэ бзаджагъэ хуекIуэну мурад ищIри, и псэгъум еупщIащ:

- КъызжеIэт, а «тIуанэ» къысхуэпщIамрэ сэрэ псым дитхьэлэмэ, хэтыт къебгъэлынур?

Шэрджэсым уихьамэ, я хабзэ тет…

         Кавказ зауэм и зэманым адыгэхэм я деж къэкIуэрейуэ щытащ Европэм къикIа дипломат, чэнджэщэгъу, тIасхъэщIэх куэд. Абыхэм ящыщщ Спенсер Эдмонди. Ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ I830 гъэм. Спенсер и нэгу щIэкIащ адыгэхэм я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэ гуащIэр, щыгъуазэ зыхуищIащ абыхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я зэуэкIэм, яIущIащ шэрджэс дзэпщхэм, зауэлIхэм. А псор «Шэрджэсым сызэрыкIуар» тхылъым щитхыжащ Спенсер. Фи пащхьэ идолъхьэ абы и тхылъым щыщ пычыгъуэ.

Налшык къалащхьэу щыIэм я нэхъ дахэщ

 

«ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр» мэхасэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ комплексым иджыблагъэ «ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр-2022» (Августёнок-2022) щIыуэпс зэхуэсыр щекIуэкIащ.

Афыпс – Афы - Афыпсыпэ

 

Афыпс – Адыгэ Республикэм щежэх псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Афы бгым (метр 738-рэ и лъагагъщ) къыщожьэ, километр 96-рэ и кIыхьагъщ, Шапсыгъ псы хъумапIэм бгъэдэт Афыпсыпэ къуажэм бложри, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Псыжь щыхолъэдэж.

Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр абхъаз-абазэ лъэпкъ зэрыбыным щыщхэр щыблэмрэ уафэгъуагъуэмрэ я тхьэм зэреджэу я IуэрыIуатэм къыхэщ «Афы» цIэм къытехъукIащ. Дызэрыщыгъуазэщи, дэ, адыгэхэм, а псалъэм пэхъуну мы зэманым къэдгъэсэбэпыр Щыблэ фIэщыгъэрщ.

Тхылъхэм кIуэдыпIэ яIэкъым

           

ЦIыхум и гъащIэм сыт хуэдэ увыпIэ Интернетым щимыубыдами, напэкIуэцIхэм я щхъыщхъ макъым ущIэдэIуу къызэгуэпх тхылъым ар жыжьэуи кIэщIыхьэнукъым, пэжщ, абы щхьэкIэ а тхылъ еджэнми удихьэхыу щытын хуейщ.

 - Узыхуей псоми Интернетым ущеджэ мэхъу, - аращ нобэ нэхъыбэрэ зэхэпхыр. Тхылъым и уасэр къызыгурыIуэ цIыхумкIэ нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ Толстой Лев и «Война и мир»  IэдакъэщIэкI гъуэзэджэм компьютеркIэ уеджэу ущысыныр, ар хъунщ, литературэми димыхьэхыщэрэ, къэблэгъа сессием псынщIэрыщIэу зыхуэзыгъэхьэзыр студентмэ.

НОБЭ

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Абы и щыхьэту, 1945 гъэм США-м и «Миссури» кхъухьым Iэ щытрадзащ Японием зэрызитым теухуа дэфтэрым.
Урысей гвардием и махуэщ
УФ-м и Полицэм и плъыр-пост къулыкъум и махуэщ
Вьетнамым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ (1945 гъ.)

1794 гъэм Одессэ къалэр ухуэн щIадзащ
1918 гъэм Урысейпсо гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм къызэригъэпэщащ Республикэм и дзэ советыр.
1943 гъэм Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.

Мыхьэмэт Iэшэ

Иужьрей адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIыхъужьхэм гъуазэрэ шупашэрэ яхуэхъуурэ, зэрыпхъуакIуэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ.