Календарь событий

13 сентября 2022

Испанием и дыщэр. Дэнэ ар зыдэкIуар?

 Иджы нэхъ зи гугъу ямыщIыжхэм ящыщ 1936 - 1939 гъэхэм Испанием щекIуэкIа граждан зауэр. Ауэ Совет Союзым и зэманым ягъэвууэ щытащ. Дэ тщIэрт Испанием и сэмэгу къарухэм я зэгухьэныгъэр-цIыхубэ фронтыр а къэралым зэрыщытекIуар, ауэ ар ямыдэу зыкъэзыIэта зауэлIхэр коммунистхэм къызэрагъэпэща правительствэм зэрапэщIэувар. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, властыр IэщIыхьащ илъэс куэдкIэ къэралым фашист хабзэхэр щызезыгъэкIуа генерал Франко Франсискэ. Ар къыщыхъуар лъэныкъуэхэр гуащIэу зэпэщIэта иужькIэщ.

ХЬЭПЦIАЩХЪУЭ

 Пхуэмыбжыным хуэдизщ унэм пцIащхъуэ абгъуэу кIэрытыр. Ахэр зыкIи ещхькъым игъащIэ лъандэрэ дызэса адрей абгъуэхэм – къуэбэбжьабэщ. ИтIанэ псом нэхъ гъэщIэгъуэныр, щхьэгъубжэ блыпкъым нэсыху дэщIеящ, ипщхьэпIэ гуэ иIэуи къыпхуэмылъагъуу.

Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. ЩIыналъэм хыхьэ щIыпIэ псоми зэдэууэ щаIэтащ а гуфIэгъуэр, ди цIыхухэр зэрызэкъуэтыр, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ и телъхьэу зэрыщытыр къагъэлъагъуэу.
А махуэшхуэм тегъэпсыхьаIуэхугъуэ куэд дэнэкIи къыщызэрагъэпэщащ тхьэмахуэ блэкIам. Апхуэдэхэт къыщыщIэдзауэ зэхыхьэ гуапэхэр, щагъэлъэпIащ нэхъыжьыфIхэр, лэжьыгъэм къыхэжаныкI IэщIагъэлIхэр, щагъэгушхуэащ къэкIуэнур зей щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ.

Дигор жьанэ

Узыхуейр умыщIэжу щхьэукъуэрилэ ухъуарэ дунейм утезашэу щIэбдзамэ, уи псэм и хущхъуэгъуэри, зыхуэчэму къилъыхъуэри щIэщыгъуагъэкIэ гъэнщIа, зыхимыщIыкIыу щытам лъэзыгъэIэс гъуэгуанэ телъыджэрщ, укъыщыщIидз щIыпIэхэм къыщыунэху теплъэгъуэхэмрэ нэгузыужьыкIэу къыщыпхулъыкъуэкIхэмрэ гу зэIухакIэ уазэрыпэджэжырщ.

Хъыбар гъэщIэгъуэн

Мысырым щыщ дин щIэныгъэлI, щихъ Абдул Кафи Умар Совет Союзым щэхуу диныр щызэрахьэу зэрыщытам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн къеIуэтэж.

ФIыуэ слъагъум и нэ щIыхухэр

Новеллэ
ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми,
Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым…

Агънокъуэ Лашэ.

ПцIым фIым ухуишэркъым

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм коррупцэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къызэпаудащ къулыкъу зыIыгъым зэрихьэ хабзэншагъэр.
Шэч зыхуащIым, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэм, хъыбар нэпцIхэр къыщигъэлъагъуэрт медицинэ къэпщытэныгъэм кърикIуахэм - суд зытращIыхьахэр зэрымыузыншэм къыхэкIыу тезырхэр щагъэзэкIуэж щIыпIэхэм бгъакIуэ мыхъун хуэдэу иритхэрт.

РОЗЭ

 Пщэдджыжьым сыкъызэрыушу соплъ, тхьэмахуэм нэсауэ си щхьэгъубжэм къыIут розэ гъэгъам. Абы абджынэ зэпэплIимэм апхуэдизу зыкъригъэзэгъащи, псэ зыIут гуэр набдзэгубдзаплъэу пэшым къыщIэплъэ хуэдэщ. Сыхъэр къызыпих къапщIий плъыжь - фIыцIафэхэр, аршыным щIигъуу зызыIэта лъадий Iэчлъэчыр… хэкIэса бжьыхьэм дахагъэрэ къарууэ иIэж псори хилъхьащ жыпIэнщ, иужь дыдэу къэгъэгъа розэ закъуэм. Теплъэр, плъыфэр, къыплъэмыIэс щIыIэтыIагъ зыщIэлъ мэ гуакIуащэр… ЩIы фIыцIэр къэтIэщIи, дэнэ деж а псори зэгъусэу здыщIэлъыр? – Тхьэм и къарур уи фIэщ ирихъуну пхурикъунщ а зыр.

НОБЭ

Урысейм и программистхэм я махуэр ягъэлъапIэ
ЩхьэцщIэщэм и махуэщ
Байкал гуэлым и махуэщ
Канадэм адэшхуэ-анэшхуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ
1736 гъэм
Челябинск къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1741 гъэм Урысей империем унафэ къыщыдэкIащ лэжьэгъуэ махуэм и мардэр сыхьэт I5-м щIигъу зэрымыхъунум теухуауэ.
1745 гъэм «Атлас российский» географие къыдэкIыгъуэр япэу дунейм къытехьащ.
1762 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэр пащтыхь къулыкъум пэрыуващ.

И Iэзагъыр къигъэлъэгъуэну хунэсащ

Къэбэрдей прозэм и фIыпIэм и гугъу щащIкIэ, хабзэ хъуауэ, Нало Жансэхъу и тхыгъэхэм къыщыщIадзэри, адэкIэ ягу къагъэкIыж ЩоджэнцIыкIу Алий и «Кхъужьей щIагъымрэ» «Хьэжыгъэ пут закъуэмрэ».