Календарь событий

17 сентября 2022

Муниципалитетхэм иратыж

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэху зэхуэмыдэхэм щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.

Гулъытэ гуапэ

КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и цIыху гуа­щIафIэ 30-м щIигъу.

Пасэрей хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ

Мэзкуу дэт РАН-м КъуэкIыпIэр джынымкIэ и институтым ­КъуэкIыпIэ щэнхабзэмкIэ и центрым фокIадэм и 29-м къыщызэIуахынущ пасэрей хьэпшыпхэмрэ литографиехэм­рэ я уней гъэлъэгъуэныгъэ: «ЛIэщIыгъуищым я хъыба­ры­жь­хэр» - адыгэхэр (шэрджэсхэр) XVII - XIX лIэщIыгъуэхэм ящIа урыс, хамэ къэрал графикэ лэжьыгъэхэм къы­зэры­хэщыр».

Нэхъыжьхэр я щапхъэу

КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным гулъытэшхуэ егъуэт иужьрей зэманым. Апхуэдэщ къэралым и курыт школхэм блыщхьэ къэс УФ-м и Гимныр къыщегъэуэныр, а макъамэм щIэту ныпыр къэIэтыныр. А унэтIыныгъэм хиубыдэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ фокIадэм и пэщIэдзэм еджапIэхэм щрагъэкIуэкI хабзэ хэкупсэ дерсхэр.

УзытеплъэкъукI мыхъунщ шынагъуэншагъэр

КъБР-м Къэрал хабзэхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ и зэзыгъэуIу зэхуэсымрэ Экономикэ икIи жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIащ.

Урысейпсо видеозэIущIэм

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат фокIадэм и 15-м «Сколково» инновацэ IуэхущIапIэм къип­сэлъыкIыу иригъэкIуэкIа видеозэIущIэм ­хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык щокIуэкI

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щокIуэкI Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я фестиваль. Ар къы­зэIуахащ щIалэгъуалэ зекIуэкIэ.
ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм къэрал ныпыр зыIыгъ щIалэгъуалэ 3000-м щIигъу ирикIуащ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжу, «ЩIыхьым и ­мафIэ мыужьых» фэеплъым удз ­гъэгъахэр тралъхьэри, зекIуэр ежьащ. Урысейм и Президентымрэ къэралым и армэмрэ зэрыдаIы­гъым и щыхьэт Iуэхур «Зэакъылэгъуныгъэ! Зэкъуэ­тыныгъэ! Хэкупсагъэ!» къы­хуе­джэ­ныгъэм щIэту ирагъэкIуэкIащ икIи Абхъазым и утыкум щиухащ.