Календарь событий

19 сентября 2022

АдыгэщIыр я плъапIэт

XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм и пэщIэдзэм Кавказым и гъунапкъэхэм щимэу къыщыунэхуащ Тыркумрэ абы и жыIэм тету псэу Кърым хъаныгъуэмрэ я пашэу Персым, Урысейм я зауэ къару лъэщ. Абыхэм, зым ейр адрейм темыхуэу, ирагъэкIуэкI къэрал кIуэцI, къэрал щIыб Iуэхухэм фIэкIыпIэ имыIэу тещIыхьат адыгэ лъахэм зэрызиужьынумрэ абы иригъэкIуэкIын хуей жылагъуэ Iуэхугъуэхэмрэ.

Напэ

УщIалэ щIыкIэ нэмысыр хъумэ.

Псалъэжьщ.

Автобусым цIыхур щыIувщ: зыкъом зэфIэтщ, тIысыпIэ ямыIэу.

- Дыкъэгъэтэджи, мы фызитIыр дыгъэгъэтIыс.

- Хэт а тIур? Уи анэ хьэмэ уи шыпхъу?

- Хьэуэ… Си зырикIщ, ауэ нэхъыжьхэщ.

- Сыт-тIэ абы щхьэкIэ! УтIысамэ, щыс…

УзэкIэлъыплъыжмэ, узым укъыдекIуэкIыфынущ

ООН-мрэ ВОЗ-мрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэхыхьэм, гу-лъынтхуэ, лышх, тхьэмбыл, фошыгъу узыфэхэм къакIэлъыкIуэу, цIыху нэхъыбэ зэрылIыкIхэм ящыщу къыщалъытащ жьэжьей узыр. «The Lancet» журналым къытрадзауэ щытащ иужьрей илъэс 25-м жьэжьей узыфэ хэтIэсам илIыкIхэм я бжыгъэр проценти I40-кIэ зэрыхэхъуар.

Лъостэным и вагъуэр

 Къэралым и щIыпIэ куэдым фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлI, зэман кIыхькIэ КъБКъУ-м и ректору лэжьа, республикэр, ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху щэджащэ Лъостэн Владимир Чэлимэт н къуэм и гъащIэр уафэхъуэпскIым ещхьу нэхурэ гукъинэу щытащ.

ЖЬАКIЭМЫХЪУ КIУНЭ, артисткэ: Си гъуэгум къыщыщIидзэр

 Си адэ-анэм я дежщ си творческэ гъуэгуанэм къыщыщIидзэр. Абыхэм къысхамылъхьамэ, сэ артист сызэрымыхъунум шэч хэлътэкъым.

«Кузькэ и анэр»

Ар къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу шынагъуэт

Зы зэман СССР-м и унафэщIу щыта Хрущёв Никитэ телъыджэ куэд къыжьэдэкIырт. 1959 гъэм Сокольникхэм американ выставкэ къыщызэIуахым  абы США-м и президент Никсон Ричард жриIащ мыгувэу дэ Америкэм  дылъэщIыхьэу дыщхьэпрыкIыну икIи къигъэгугъащ «Кузькэ и анэр» ирагъэлъагъуну.

 КъызэрыщIэкIамкIэ, Ярославль, Тверь областхэм щыпсэухэр КузькэкIэ зэджэр шейтIанырт, ауэ абы и анэм и гугъу зыми зэхихатэкъым. АтIэ хэт хъуну ар?

Коронавирусым и лIэужьыгъуэщIэ

Иужьрей илъэсищым зэрымыува щытыкIэ къигъэнауэ къыщIэкIынкъым зэрымыщIэкIэ дунейр зыщIэзыубыда узыфэ зэрыцIалэм. Жьы дэхупIэ къыдитами, зи чэзууэ къеблэжа коронавирусым нэгъуэщIу зыкъегъэлъагъуэ иджы.

Дохутырхэмрэ вирусологхэмрэ зэрыжаIэмкIэ, 2022 гъэм бжьыхьэр къызэрихьэу «къэушыжа» узыфэр къызэрыгуэкI пыхусыхум ещхьу къофыкI цIыхухэм. ИкIи, ди гуапэ зэрыхъунщи,  пневмониемрэ бронхитымрэ щыхуэкIуэжыр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Мы лIэужьыгъуэм узэреIэзэнури, пыхусыхум деж зрахьэлIэ хущхъуэхэмкIэщ.

Шэрджэс Владимир

Адэжь Хэку

Хэкур – ар уэшхышхуэм и ужькIэ къепсыж дыгъэ хуабэщ,

Жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь мэкъумэшыщIэрщ,

ЖэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ вагъуэщ,

Бийм пэува зауэлIым хьэлу Iыхьэ езыт анэщ.

Псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх псыкъелъэщ,

Губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ жыг хадэщ,

Къуалэбзухэм я уэрэдыр зыщхьэщыт ныджэ инщ.

Щащыху хужьыр и ныджэм телъщ щIымахуэм темыкIыу,

Удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу губгъуэ инщ ар,

КъыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт и хъугъэпсхэр;

Нобэ

Iэщэ зыщIым и махуэщ

Японием щагъэлъапIэ зи ныбжь хэкIуэтахэм пщIэ яхуэщIыным и махуэр

1648 гъэм франджы физик, математик цIэрыIуэ Паскаль Блез къихутащ гидростатикэм и хабзэ нэхъыщхьэр.

1888 гъэм дунейм щыяпэу Бельгием щекIуэкIащ цIыхубз нэхъ дахэр къыщыхах зэпеуэ.