Календарь событий

23 сентября 2022

Усыгъэ щабэр зи IэрыкI

Дзэлыкъуэ щlыналъэр дахагъэкlэ къулейщ. Бгыжь-къуршыжьхэр зи хъумакlуэ къуажэхэм я жьэгухэр зэрыберычэтым нэмыщI, абыхэм зыми емыщхь цlыхухэр къыщотэджыкl. Апхуэдэу зыми емыщхь, езым и дуней зиlэж Гугъуэт Заремэ усыгъэм дихьэх куэдым яцlыху.

Илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ…

Мы гъэм илъэс 55-рэ ирикъуащ куржы усакIуэ щэджащэ Руставели Шота и цIэр зезыхьэ, Тбилиси дэт театр институтым Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ папщIэ лъэпкъ труппэхэр - студиехэр къызэрыщызэIуахрэ. ЛIыщIыгъуэ ныкъуи текIыжащ япэу абы щIыхьахэм къызэраухрэ.

Уузыншэну гугъукъым

ЦIыхум и узыншагъэр ефIэкIуэн папщIэ зыхуэныкъуэр мащIэщ: шхын узыншэ, псы къабзэ, спорт. Шхын узыншэм къикIыркъым ерыскъы лъапсей, гъуэтыгъуей, щIэщыгъуэ. ЩIэныгъэлIхэмрэ диетологхэмрэ зэрыжаIэмкIэ, IэпэкIэ къыпхуебжэкIынущ узыншагъэм и купщIэр зыхэлъ ерыскъыгъуэхэр.

ЛIыгъэ зыхэлъ псори текIуэркъым

ФокIадэм и 17-м  Татарстаным щекIуэкIащ  километри  160-рэ кIыхьагъымкIэ  шыгъажэ кIыхь зэхьэзэхуэ,  «Урысейм и кубок» и фIэщыгъэу.  ТекIуэныгъэр  къихьащ   Ашэмэз  зи цIэ  Сибэч  Артур  и «инджылыз-адыгэм». Шым тесар Мэрем Эльдарщ.

ДяпэкIи куэдкIэ дыщогугъ

Ди лъэпкъэгъу бэнакIуэхэр дэнэ щIыпIи щыцIэрыIуэщ. Абыхэм яхэтщ къэралым, Европэм, дунейм, Олимп джэгухэм щытекIуахэр. Иджыблагъэ къыщалъхуа махуэр игъэлъэпIащ ди бэнакIуэхэм ящыщу зи цIэ нэхъ къраIуэ Махуэ Билал. Зыхэта дунейпсо чемпионату 4-м ящыщу 3-м адыгэ щIалэр щыбэна нэхъ хьэлъэ дыдэхэм (килограмми 120-м нэсхэм) я зэпеуэм дыщэ медалхэр къыщихьащ. ЕплIанэми къыщыхагъэщIэфакъым - и хьэрхуэрэгъумрэ абырэ финалым щызэрытемыгъакIуэм, пхъэидзэ ящIри и кIэныр къимыкIауэ аращ.

Гупсысэ куэдым я къежьапIэ лъэхъэнэ

Сыт хуэдиз дахагъэ бжьыхьэм имыIами, сыткIэ мыбеями, мы зэманыр IэпкълъэпкъкIэ, акъылкIэ, псэкIэ, гукIэ сфIэхьэлъэщ. Си гур пыткIукIыу, къарууэ сиIэр щIэткIукIыу щытщ.

 Хъугъэпс лъэщ къызыщIихыу щыта нэхэр пшагъуэм яуфэ, щхьэусыгъуэншэуи кумбыгъэхэр нэпс ткIуэпскIэ нэкIущхьэм хуотыгъэ. Зышхыхьыжыным, псомкIи мыарэзыуэ щытыным хуэпабгъэ сэ сытезыгъэужыфыр, зыкъызэзыгъэщIэжыр мащIэ дыдэщ. А мащIэм ящыщ зыр, уеблэмэ бжьыпэр зыIыгъыр фIылъагъуныгъэрщ.

«Урысей Федерацэм и цIыхуу дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм зэрыраджэм теухуауэ» Указ

Къэралым и Iэтащхьэм Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм и цIыхуу дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэр пыухыкIар мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм зэрыраджэм теухуауэ» Указым.

Сыт къызэптмэ, сыбдэкIуэн?

Къэзэхъстаным Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ.  Унагъуэ зэдаухуэну мурад  зыщIа  щIалэрэ хъыджэбзрэ уасэм теухуауэ зэгурыIуэфакъым.

зэрехъуэхъур

ПУТИН Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм,

Къэрэшей-Шэрджэсым  щыпсэухэм  республикэхэм къэралыгъуэ зэрагъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъуамкIэ

зэрехъуэхъур

 Бгырысхэм я псалъэжь цIэрыIуэм жеIэ: «Ныбжьэгъу пэж уиIэныр насыпышхуэщ». Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ пэжагъыр, зэкъуэтыныгъэр,  зэныбжьэгъугъэр – ди къэралым и къару лъэщщ, къэкIуэнум  псоми щыдиIэну зэпэщыныгъэм и лъабжьэ быдэщ.

Сабиигу

Илъэсибл сыхъуу къыщIэкIынт абы щыгъуэ… ЦIыхухъу губжь слъуагъуу, ар шынэу къыщысхуинам.

Диным хэгъэзыхь хэлъкъым!

              Ираным  Iэуэлъауэшхуэ  щокIуэкI.  ЦIыхубзхэм  зыкъаIэтауэ, я щхьэфIэпхыкIхэр  ягъэс. Сыт  къэхъуар?

         ФокIадэм и I3-м  курд лъэпкъым  щыщ Iэмини Махсэ я благъэхэм я деж Тегеран  хьэщIапIэ къэкIуащ. Илъэс  22-рэ  ныбжьым ит хъыджэбзым, зэрыжаIэмкIэ, IэлъэщI телът, ауэ  и щхьэцыр  къыщIэщырт. Къэралым щылажьэ «Хабзэм кIэлъыплъ»  полицэм  хъыджэбзыр  тутнакъэщым ишэри, удын къытрилъхьащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, махуищкIэ яIыгъа Махсэ фэбжь телъхьэм къагъэлъэгъуащ  абы  къарукIэ зэреныкъуэкъуар. Ещанэ  махуэм  хъыджэбзыр  щIалъхьащ.

НОБЭ

ФIокIадэм  и 23

Мэрем

IэпэтэрмэшкIэ зэпсалъэхэм я дунейпсо махуэщ

КъуэкIыпIэ Жыжьэм щагъэлъапIэ къаплъэным и махуэр

Сауд Хьэрыпым и къэрал махуэшхуэщ

1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ.

1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.