25 сентября 2022
25 сентября, 2022 - 17:55
Лэжьыгъэм цIыхур егъэлъапIэ, жаIэ. Шэч хэмылъу, жэуаплыныгъэ хэлъу, пщэрылъ къыщащIыр егугъуу зыгъэзащIэу зи IэнатIэр езыхьэкIым сыт хуэдэ зэманми пщIэ иIэнущ. Апхуэдэ щапхъэхэр гъащIэм щыгъунэжщ. Абыхэм ящыщщ зи гугъу тщIыну бзылъхугъэри - Налшык къалэм полупроводник Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкIыу дэта заводым зэфIэкI лъагэхэр къигъэлъагъуэу илъэс 25-кIэ щылэжьа Щокъул Светланэ.
25 сентября, 2022 - 14:41
Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Шэджэм, Бахъсэн, Аруан щIыналъэхэм я япэ секретару лэжьа Ахъмэт Мусэбий къызэралъху-рэ илъэси 100 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Кэнжэ дэт «Пять колец» спорт IуэхущIапIэм.
25 сентября, 2022 - 12:28
Бахъсэн районым и къуажэхэм щызэхэтащ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр утыку къихьэным хуэгъэпса пшыхьхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыт Кыщпэк къуажэ клубым щрагъэкIуэкIа «А, ну-ка, бабушки!» зэпеуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм анэшхуэхэм гъэщIэгъуэну хузэхалъхьат ахэр зэрызэхьэзэхуэну щIыкIэр.
25 сентября, 2022 - 10:35
Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Жэмтхьэлэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ пажэ, цIыхугъэкIи куэд щаIуэ къыддекIуэкI Къэгъэзэж Залинэ къопсалъэ, «радиом и журналист Мыз Ахьмэдрэ уэрэ фокIадэм и 20-м фыкъызэрысын», жеIэри.