Календарь событий

26 сентября 2022

ЗэфIэкIышхуэхэр яIэщ

Офтальмолог цIэрыIуэ Фёдоров Святослав и гъэсэнхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуаха «ЛЕНАР» клиникэр зэрыщыIэрэ илъэс 25-рэ мэхъу. А зэманым къриубыдэу клиникэм республикэми Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэми узыншагъэр хъумэнымкIэ я IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, хирург цIэрыIуэм и Iэзэгъуэ телъыджэхэр IэщIагъэм къыщагъэсэбэпкIэрэ.

Мамкъутыр яхуэбэгъуащ

Бахъсэн щIыналъэм и мамкъут (малинэ) губгъуэхэм я инагъыр гектари 3,5-м нос. Абы елэжь хозяйствэхэм пхъэщхьэмыщхьэр кIэрыхуншэу къызэрырахьэлIэжыным уэфIу екIуэкI зы махуэри къыхуагъэсэбэп.

Бэзэр цIыкIухэм уеIусэ хъурэ?

Хъунукъым, цIыхум я кIуапIэщи. Иджы хуэдэ бжьыхьэ зэманым къалэхэм я щIыпIэ щхьэхуэхэм псоми фIыуэ ялъагъу бэзэр цIыкIухэр уэру щызэхохьэ. Хэти щIымахуэм ишхыну гъэтIылъыгъэр абы къыщещэху, хэти унагъэ хадэм къыщыпача пхъэщхьэмыщхьэ къабзэ къелъыхъуэ. Къуажэ хадэхэмрэ мэзхэмрэ къыщыпача пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр, цIыхухэм езыхэм яIэкIэ ягъэхьэзыра фIэIугъэ зэмылIэужьыгъуэхэр-псори къыщыбгъуэтынущ абыхэм.

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ

Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм абыхэм я бжыгъэр зэрыхъуу щытар. Адыгэхэм я бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ.
А Iуэхур япэ зыублахэм ящыщщ урыс щIэныгъэлIхэр, тIасхъэщIэххэр, дипломатхэр. Абыхэм я нэхъыбэм а зэманым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я бжыгъэр мин 300-м къыщыщIэдзауэ мин 500-м нэсу арат.

2022 гъэм къэхъуа насыпыншагъэхэр

Иужьрей зэманым цIыхум къахыхьа узыфэ зэрыцIалэмрэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщылыб хьэргъэшыргъэхэмрэ мащIэ нэхъей, щIыуэпсри къыдэгуэуащ 2022 гъэм.
Бжьыхьэ кIуам цIыху 50 щиукIа «Листвяжная» шахтэм аргуэру и лэжьакIуибл къызэрызэIыхьам и хъыбар къэIуащ гъатхэпэм и 22-ми. Лэжьыгъэхэр къызэтрагъэувыIэри, абы щIэта лэжьакIуи 142-р къыдрашеижу шахтэр щыщIащыкIым, къахутащ хьэуар зыгъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр тэмэму зэрымылажьэм абы и зэран цIыху 12 екIауэ. Псори сымаджэщым щIэхуащ, я насыпуи къелащ.

Спорт ут цIыкIухэмкIэ къызэрагъэпэщ

«Спортыр – гъащIэм и мардэщ» къэрал проектым ипкъ итIэ 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ ГТО-м и мардэхэр щатын спорт утыку цIыкIухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэ.
Апхуэдэу илъэс блэкIахэм Налшык, Нарткъалэ, Тэрч къалэхэмрэ Янтарное, Къулъкъужын Ипщэ, Жэмтхьэлэ, Каменномост къуажэхэмрэ зыхуэныкъуэхэм къыщызэрагъэпэщащ спорт утыкухэр. Дэтхэнэ зыми къызэщIеубыдэ метр зэбгъузэнатIэ 300-м нэблагъэ, ГТО-м и мардэхэм зэрызыхуагъэхьэзырын икIи къызэрапщытэн зыхуэныкъуэ тренажерхэмкIэ къызэгъэпэщащ, иджырей мардэхэм тет шынагъуэншэ резинэкIэ я лъэгур къищIыкIащ.

НОБЭ

ФокIадэм и 26
блыщхьэ

Ядернэ Iэщэр гъэкIуэдыжыпэным щIэбэныным и дунейпсо махуэщ.
НэгъуэщI къэралыбзэхэм я европэпсо махуэщ
Машинэухуэм и махуэщ
1793 гъэм
Краснодар къалэм (Бжьэдыгъукъалэ) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1941 гъэм Налшык щекIуэкIащ республикэм и парт активым и зэIущIэ. Абы щытепсэлхъыхьащ цIыхухэр зауэ Iуэхухэм хуегъэджэным.

Хабзэр фIымэ, щапхъэ трах

ЩIэныгъэлI щэджащэхэм, хамэ къэрал къэхутакIуэ цIэ¬ры¬Iуэхэм я лэжьыгъэ куэдым зэрыщаубзыхуащи,  адыгэ лъэпкъыр нэхъыжь дыдэхэм, хабзэ дахэ, нэмыс лъагэ, хьэл-щэн екIу, лIыхъужьыгъэ ин зыхэлъ, зи адэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъу, абы папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъ гъуэзэджэщ.
Пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэм пщIэ лей хуащIу, зэрахуэфащэу ахэр ягъэзащIэу, хабзэщIэкъухэм унафэ яхуэхъуу, фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэу щытащ.

Лъэпкъ IуэрыIуатэм Москва щытопсэлъыхь

ФокIадэм и 20-21-хэм Москва Лъэпкъхэм я унэм щекIуэкIащ «Народный эпос и действительность» зыфIаща зэIущIэ. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и Правительствэм, Москва къалэм лъэпкъ политикэмрэ щIыналъэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и Департаментым, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым, РАН-м тхыдэ-филологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, сурэтыщI-дэрбзэр ТIажь Альбинэ и фондым. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ мы илъэсыр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу зэрагъэувам и щIыхькIэ.

Шынагъуэ щыIэжкъым

Урысей гврадием и Управленэу КъБР-м щыIэм и ОМОН-м и лэжьакIуэхэм зыми зэран хуэмыхъуу къагъэуащ мы щIыпIэм щыпсэум Бахъсэн аузым, Хьэрэкхъуэрэ бгылъэм, къыщигъуэта топышэр.
Ар Хэку зауэшхуэм и зэманым къагъэсэбэпа минэдз топышэм и къутахуэт. Шынагъуэншагъэ Iэмал псори къагъэсэбэпри, Урысей гвардием и IэщIагъэлIхэм ар щIыпIэм деж къыщагъэуащ.

Вайнах таурыхъхэм адыгэхэр къызэрыхэщыр

 Кавказ лъэпкъхэр хабзэрэ бзэкIэ зэрызэхъуажэм и щыхьэтщ зэрыхуэфэщэн хуэдизкIэ дызылъэмыIэсыф лъэпкъ IуэрыIуатэхэр. ГъэщIэгъуапхъэр ахэр урысыбзэкIэ дунейм къытемыхьамэ, дыщымыгъуэзэххэнри Iуэхум зэрыхэлъым и закъуэкъым. Тхылъ хъумапIэхэм щIэзэшыхьа, IущыгъэкIэ бей апхуэдэ тхылъыфIхэр дащIэупщIэным гугъэ хахыжауэ, дапхъэхэм зэрытефыхьыжри абы хэтщ.