Календарь событий

27 сентября 2022

Фэеплъхэр псом ящхьэщ

Бахъсэн щIыналъэм и кIэм щынэблэгъащ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лэжьыгъэр.
Хэкур хъумэным зи псэр щIэзытIахэм я фэеплъхэр хъумэным теухуауэ къэрал программэм хиубыдэу 2019 - 2024 гъэхэм къагъэщIэрэщIэжащ Бахъсэн къалэм Лениным и уэрамым (курыт еджапIэ е 5-м хуэзэу), Беслъэнейм и уэрамым (МКОУ СОШ №2-м), Хуитыныгъэмрэ Лазомрэ я уэрам зэхэкIыпIэхэм (МКОУ СОШ №I0-м) тет фэеплъ кхъащхьэхэр. Сом мин 340-м и уасэ лэжьыгъэр къехьэлIэнымкIэ къадэIэпыкъуащ зэгурыIуэныгъэ зращIылIа хьэрычэтщIакIуэр.

Псым куэд еущэху

ЦIыхум и узыншагъэр куэдкIэ елъытащ ар зэфэ псым хэлъ микроэлементхэр зыхуэдэм. Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, ижь зэманым цIыхухэр жылагъуэу тIысын ипэ а къыхаха щIыпIэхэм къыщыщIэж псым и фIагъыр япэ щIыкIэ къапщытэрт. Iэмалу щыIэр арати, дыжьынхэкI халъхьэрт, ар пIалъэ кIэщIкIэ хэуфIыцIыхьмэ, псым и щытыкIэм шэч къытрахьэрт.
Псым хэлъ языныкъуэ микроэлементхэр щымащIэри, пщалъэм фIишу щыкуэдри сэбэпкъым, - жеIэ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт университетым биоэлементологиемрэ экологиемкIэ и центрым и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Скальный Анатолий.

Дзэпщ

Зи Iуэхухэр пэжым хуэгъэпсауэ псэуа, гурэ псэкIэ лъэпкъым хуэлэжьа Сосналы СулътIан ди лIыхъужьщ. 1942 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэу щыта Винограднэ къуажэм дунейм къыщытехьащ лъэпкъым и псэукIэм, тхыдэщIэм зи псалъэ, зи IуэхущIафэ, зи лIыхъужьыгъэ хэзылъхьа лIы хахуэр. Захуагъэм, псэ хьэлэлагъым и щапхъэт ар. 

ХьэтIалэ

Ди хьэблэм дэсащ гъукIэ Iэзэ гуэр, ХьэтIалэкIэ еджэу. «ГъущIым псэ къыпигъакIэм хуэдэщ» хужаIэу Iэзэт ар. Колхоз гъукIэу арати, имыщI щыIэтэкъым, гуи, пхъэIэщи, къитхъи, адрей бел, хьэмфIанэ жыхуаIэхэм я гугъу умыщIыххэ. Япэу къуажэм урыс шыгу щызыщIар арат.

Абэнокъуэ Рустам и гъуэгуанэ

Куэдым фIыуэ ялъагъу МузыкэмкIэ театрым и солист, зи макъ дахэм ди республикэм щыпсэу куэд дихьэха, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Абэнокъуэ Рустам. 

Ухуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэм йолэжь

Шыпш Жаннэ къиухащ Налшык къалэм дэт гимназие №29-р. ИужькIэ ар Ипщэ федеральнэ университетым, Архитектурэмрэ гъуазджэхэмкIэ Академием (Ростов къалэм) щеджащ, архитектурэ IэщIагъэ зригъэгъуэтащ. Жаннэ и диплом лэжьыгъэр зытриухуауэ щытар, къат куэду зэтет унэм и проектыр, къыхахауэ щытащ Дон Iуфэ Iус Ростов къыщызэрагъэпэща выставкэм щагъэлъэгъуэну.

И хадэр къратыжащ

Тырныауздэсыр илъэс 30 хъуауэ мыкоммерцэ жыг хадэ зэгухьэныгъэм (СНТ) хэтт, и щIы кIапIэ иIыгъыу. Гъатхэм цIыхухъур и дачэм здэкIуам ирихьэлIащ а щIы кIапэм нэгъуэщI бысым щыхъуауэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, хъыбар кърамыгъащIэу езыр СНТ-м хагъэкIыжри, щIыр нэгъуэщIым иратат. 

Лажьэ зимыIэм пцIы тралъхьэ

 Iуэху гъэщIэгъуэн щокIуэкI ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ-Аланием. Владикавказ щыцэрыIуэ, «Сидамон» телеграм напэкIуэцIыр зезыхьэ блогер Мисиков Бэтрэз хабзэхъумэхэм натIэрыуапIэ ящIащ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым осетин лIыхъужь гуэрым еймкIэ яхъуэжыну хэтахэм къазэрыщхьэщыжам щхьэкIэ. 
 

НОБЭ

ФокIадэм и 27, гъубж

Адыгэ уэрэдхэр зи дамэ Третьяк Татьянэ

ЦIыхур адрейхэм къыхэзыгъэщ хьэл-щэн е IуэхущIафэ екIу щыдэплъагъум и деж уогупсыс: «Ярэби, сыту пIэрэ абы и къежьапIэр?» жыпIэу. Апхуэдэ упщIэр уигу къимыгъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым адыгэбзэ къабзэкIэ уэрэд жызыIэ урыс бзылъхугъэ цIыкIу Третьяк Татьянэ и утыку итыкIэр щыплъагъукIэ…

Дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэр

«Урысей Федерацэм и цIыхуу дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм зэрыраджэм теухуауэ» Указым къэралым лэжьэн щыщIидзащ. Мобилизацэм хиубыдахэм медицинэ комиссэ зэрыдрагъэкIуэкIым зэпкърыхауэ къытхутепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэ-дохутыр экспертизэ центрым и унафэщI ШонтIыкъу Аслъэн.

ХьэтIохъущыкъуэ ГъумэцIыкIу

ХьэтIохъущыкъуэ ГъумэцIыкIукIэ еджэу Къэбэрдейм ист пщы гуэр. Ар лIы цIыкIут, «и къамэр щIым хилъафэу къекIухь» хужаIэу, ауэ лIыгъэ хэлът.
ЖансэхъукIэ еджэу нэгъуэщI зы пщыи псэурт. Ар лIышхуэт, бланэт.