Календарь событий

28 сентября 2022

Кавказ пшыналъэхэм я махуэщI

ИлъэсипщI ирокъу «Кавказым и симфоние» зыфIаща щэнхабзэ пэхуэщIэр (проектыр) дунейм къызэрытехьэрэ. Лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэ дахэ хуэхъуа жэрдэмым ехьэлIа пресс-зэIущIэ Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым 2022 гъэм фокIадэм и 28-м щекIуэкIынущ.

Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ лъапIэ

Нобэ Адыгэ фащэм и махуэщ. Абы ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий лъэпкъым зыхуигъэзащ. НэхъыжьыфIым и псалъэхэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ:

ЗэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIакIуэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэрал Эрмитажым и унафэщI Пиотровский Михаил.

Къумыкъум и зэфIэкIыр

Къумыкъу (Къумахуэ) Динэ дежкIэ щапхъэт илъэс 50-м щIигъукIэ щIэблэр гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ зи гуащIэ хэзылъхьа и адэ-анэр. А тIуми къыхуагъэфэщат КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ цIэ лъапIэр. Галинэ (Щоджэнхэ япхъущ) ЩIыхьым и дамыгъэ орденыр къратат, Мухьэрбий илъэс куэдкIэ Аруан курыт школым и унафэщIу лэжьат. Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и отличник цIэр Галини Мухьэрбии къыфIащауэ щытащ.

Лъэпкъ гупсысэр къэзыгъэуш Сэралъп Мадинэ

Сэральп Мадинэ дэрбзэр къудейкъым, ар лъэпкъ тхыдэр зыхъумэ, лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ екIу хуэзыщI IэпэIэсэ зырызхэм ящыщщ. Абы и Iэзагъым щыхьэт техъуэ ехъулIэныгъэ, щытхъу лъапIэ и куэдщ. Адыгэ фащэ щIэхъуэпс дэтхэнэми псом япэ игу къэкIыр Мадинэ и IэдакъэщIэкIхэрщ. Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Мадинэ дыхуэзэу жедгъэIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Анэм и щапхъэ

Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №10-м тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ Багъэтыр Лерэ и цIэр зэхэзымыхарэ абы и унагъуэр къэзымыцIыхурэ куейм ису къыщIэкIынкъым. Ар зи фIыщIэр Лерэ и IэщIагъэм и закъуэкъым. Ар бынипщIым я анэщ! Ахэр къэзыцIыхухэм къыбжаIэнущ Багъэтырхэ я унагъуэм зэгурыIуэрэ гъэсэныгъэрэ зэрилъыр, пщIантIэм псалъэмакъ лей къызэрыдэмыIукIыр. И унагъуэмрэ лэжьыгъэмрэ зэрызэдихьыр, и бын гъэсэкIэм и щэхухэр зэдгъэщIэну Лерэ зыхуэдгъэзат.

- Дауи, бынипщI упIынри улэжьэнри Iуэху тыншкъым. А псоми дауэ упэлъэща, Лерэ?

Сабиигъуэм къыщежьа IэщIагъэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ драмэ театрым и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист БжэIумых Беллэ Москва, Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театр училищэм щеджащ. ЗэрыжиIэмкIэ, театрым хуипсыхьат ар сабиигъуэ насыпыфIэм.

Си сабиигъуэр щIыуэпсым ипсыхьащ

Дзэпщ ящIыр хэт?

ЩэкIуэгъуэ нэужьым зэхэзекIуэ Iуэхур зэпагъэурт - губгъуэ нэщIхэм, гъуэгу цIыхуншэхэм жьапщэмрэ щIыIэмрэ тепщэ щыхъурт. Адрей лъэпкъхэм я зэхуэсхэри я псэукIэм, я лэжьыгъэм епхауэ щытт. Апхуэдэу, щIым телэжьыхь таджикхэм ялIхэм зэхуэсу щыщIадзэр гъавэр Iуахыжа нэужьт. ИтIанэ щIымахуэ псом, гъатхэр къэсу вэн-сэным щIадзэху зэхэкIыртэкъым.

НОБЭ

ФокIадэм  и 28 бэрэжьей

♦Адыгэ фащэм и махуэщ

♦ХьэщхьэрыIуэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Къэрал хабзэм теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ

мУФ-м и Атомнэ промышленностым и лэжьакIуэм и махуэщ

♦1618 гъэм дунейм щыяпэу Брюссель ломбард къыщызэIуахащ.

♦1773 гъэм Пугачёв Емельян зи пашэ мэкъумэшыщIэ зауэм, 1775 гъэ пщIондэ екIуэкIам, щIидзащ.