Календарь событий

02 октября 2022

Пасэрей фадэ лIэужьыгъуэхэр

Адыгэм махъсымэр ижь-ижьыж лъандэрэ егъавэ. Ар хьэщIэ лъапIэхэм хуаIэт, хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрагъэбжьы­фIэ фадэ лIэужьыгъуэщ. 

Тамерлан и зэфIэкI

Мы гъэм фокIадэм и 8-м щы­щIэдзауэ махуитхукIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ IэщIагъэм хуэшэрыуэу зегъэужьынымкIэ агентствэм и щапхъэм тета еп­щIанэ «IэщIагъэлI ныбжьы­щIэ­хэр» лъэпкъ чемпионатыр. 

Сэ си фащэр адыгэ фащэщ

ФокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и ­махуэу зэрагъэуврэ илъэсипщI ирокъу. Абы ­лъандэрэ а Iуэхум лъэпкъ гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ тхыдэ жыжьэм къып­хыкIа фащэ телъыджэ лъэпкъым къы­зэрыщIэнам. Ар зыгъэ­лъапIэхэм кIуэ пэтми къахохъуэ адыгэ фащэ­кIэ хуэ­пауэ а махуэм лэжьапIэ, еджапIэ кIуэ ныбжьыщIэ куэдым къалэ уэрамхэм уащрохьэлIэ. КIуэ пэтми, ­нэхъыбэ мэхъу фащэ езыгъэдхэмрэ     ар зезы­­хьэ­хэмрэ.

ГъащIэ зи кIыхьагъ лэжьыгъэ

ЩыIэщ цIыху зэпIэзэрытыщэхэр, я лэ­жьыгъэкIи, я IуэхущIафэкIи, я унагъуэкIи.