Календарь событий

04 октября 2022

Щолэхъу Къэрэщей (1615 – 1641)

1616 гъэм шыщхьэуIум и 6-м тэрч дзэпщ П. Ф. Приклонскэм Посольскэ приказым итхащ кърым хъаныр Кавказ ИщхъэрэмкIэ кIуэцIрыкIыу Закавказьем поход кIуэнкIэ хъуну зызэригъэхьэзырымрэ Тэрч гарнизоныр хъаным пэувын папщIэ, хуэмыщIауэ зэрыщытымрэ.

Адыгэ жылэжьхэм дэлъа хабзэхэр

         Псом япэрауэ,  жыIапхъэщ  адыгэ къуажэхэр  псыежэххэм е псынэхэм  етIысылIэу зэрыщытар. Абы и лъэныкъуэкIэ  адыгэ къуажэ тIысыкIэр  адрей  лъэпкъхэм къащхьэщыкIыркъым.

Узыншагъэм кIэлъыплъын мурадкIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэхъукъащIэ шынагъухэмкIэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и центрым и   мобилизацэ Iуэхум тету щызэхуашэса ди республикэм щыщ дзэм ираджахэм я деж ягъэкIуащ Ингуш Республикэм щыIэ дзэм щыхуагъэхьэзыр центрым.  

Къэбэрдей-Балъкъэрым Зауэ-дохутыр экспертизэ центрым и унафэщI ШонтIыкъу Аслъэн къызэрыхигъэщамкIэ, IэщIагъэлIхэр кърагъэблэгъащ мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм ираджахэм я узыншагъэм и щытыкIэмрэ я псэукIэмрэ кIэлъыплъыну.

ТкIыбжьыгъэ зыхэлъ цIыхугъэ

Iуэтэж

ХьэтIохъущокъуэмрэ Къанокъуэмрэ  зэбийт. Пщыхэм я къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм игъэнэIуэнут нэхъ лъэщыр дэрами, ауэ гурыIуэгъуэт лъыгъажэ хэмыту Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. А лъэхъэнэм  Къанокъуэр хьэжрэтти Псыжь ( Кубань) щыпсэурт.

Псэр щыдакъузэ гъэсэныгъэ

ФокIадэр къызэрысу, школакIуэхэм зэрызахуэпэн хуей щIыкIэм теухуа зэдауэхэм  я бжыгъэр мэбагъуэ. Илъэс къэс я диным хуэфэщэну захуэпэну зыхуамыдэ муслъымэн  хъыджэбз цIыкIухэм я цIэхэр зэхыдох. Зэзэмызэ а макъхэм къахозэрыхь школым ныкъуэхуапэу, е «узижагъуэн зи махуэ гуэру» хуэпауэ  екIуэлIэну хуейхэм я хъыбар.

Мыщхьэх дахащIэщ

  Iэхъуэбэч Бэллэ КъБКъУ-м юриспруденцэмкIэ и факультетыр къиухащ. Ар Урысей зэкъуэт партым и «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыпIэ зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ Советым хэтщ, апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым и 6-нэ зэхуэсыгъуэм и депутат Бечеловэ Людмилэ и дэIэпыкъуэгъущ.

ЗэIущIэ гъэщIэгъуэнхэм фрагъэблагъэ

         Жэпуэгъуэм и 3-6-хэм Налшык щекIуэкIынущ диплом спектаклхэм хухаха  «Старт в будущее» фестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ гъуазджэ, щэнхабзэ еджапIэхэм я зэгухьэныгъэм, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президентым и фондыр, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, «Урысей концерт» къэрал IуэхущIапIэр и дэIэпыкъуэгъуу.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым театр гъуазджэм щыхурагъаджэ студентхэм заужьынымкIэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм  щыщхэм  къацIыхунымкIэ   фестивалым мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Къабзагъэм елъытащ узыншагъэр

Налшык къалэм и полицейхэр хэтащ «Зеленая Россия» урысейпсо экологие  щэбэт щIыхьэхум.  

Iуэхур щекIуэкIащ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм   полицэм и  плъыр-пост къулыкъум и полкым и щIыпIэм, абы жыджэру хэтащ  Управленэм и ППСП-м и батальон щхьэхуэм и лэжьакIуэхэр. 

Полицейхэм зэщIагъэкъэбзащ полкым къегъэщIылIа щIыпIэр, зэхуахьэсащ къыпылъэлъа тхьэмпэхэмрэ къудамэхэмрэ, удз гъэгъа зэрытхэри  зыхуей хуагъэзащ.

И лэжьыгъэм пщIэ хуащIу

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и Управленэм и лэжьакIуэ полицэм и майор Лыкъуэжь Маринэ  къыхуагъэфэщащ Урысейм и журналистхэм я зэгухьэныгъэм  и щIыхь дамыгъэр -  «За заслуги перед профессиональным сообществом»    жыхуиIэр.

Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ  Соловьёв Владимир и унафэкIэ  офицерым дамыгъэр иритыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият. 

ЦIыхубзхэм теухуа гушыIэ

ЦIыхубзыр  цIыхухъум нэхърэ нэхъ губзыгъэщ, ауэ абы и  акъылыр  псом япэу зытригъэкIуадэр  ар цIыхухъум  къызэрыримыгъэщIэнырщ.

Маккарти Мэри.

Сэ жысIауэ къалъытэм щыщу сэ зыри жысIакъым, ауэ    акъыл  зыхэлъ гуэрмэ -  шэч хэмылъу, жызыIар сэращ.

30 гъэхэм Голливудым и актрисэу щыта

Банкхед Таллулэ.

          Сабийм фи гумащIагъ къыщимылэжьам дежщ псом хуэмыдэу щыхуэныкъуэр.

Бомбек Эрмэ.

Нэхъыщхьэр цIыхум сэ стеухуауэ я гум илъракъым, атIэ сэ абыхэм яхузимурадырщ

Пащтыхь гуащэ Викторие.

Адыгэ кхъэлэгъунэхэм пщIэ хуащIащ

Налшык къалэмрэ абы къедза жылагъуэхэмрэ я тхьэпщ пашэ Бобылев Валентин Мэзкуу дэт адыгэ кхъэлэгъунэхэм иджыблагъэ щыIащ, дунейм ехыжахэм яхуэфащэ пщIэри яхуищIащ.

Хэкум и макъхэр

Алътуд къуажэм щыщщ сабий дыдэу уэрэд жыIэн щIэзыдза, ар IэщIагъэ зыхуэхъужа Емзэгъ Руслан. Курыт еджапIэмрэ Музыкэ школымрэ зэдэзыгъэгъуэгурыкIуа щIалэм ахэр къыщиух илъэсым (2013 гъэм) «Щэнхабзэ» унэтIыныгъэмкIэ «Илъэсым и еджакIуэ» цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщат.  

         И макъым япэ дыдэу Даур Иринэ иригъэдэIуэри, Руслан  тегушхуэпащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыр курсым щIэтIысхьыну. ИлъэситIым къриубыдэу и къэухьым хигъахъуа нэужь, Емызэгъыр 2015 гъэм Бэгъуэтыж Светланэ и нэIэм щIэт курсым хэхуащ.

Егъэджэныгъэм и Iуэхур – къэралми и Iуэхущ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий и унафэм щIэту иджыблагъэ КъБР-м и Iэтащхьэм деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ пэхуэщIэхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ екIуэкIащ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 4

гъубж

Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

Урысейм и Дзэ-Хьэрш къарухэм я махуэщ

УФ-м и МЧС-м граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэхэм я махуэщ

1916 гъэм  и лъабжьэр ягъэтIылъащ Романов-на-Муроме къалэм. Совет властыр ува нэужь абы и иджырей цIэр – Мурманск фащащ. 1985 гъм абы «къалэ-лIыхъужь» цIэр фIащащ.

1921 гъэм РСФСР-м и Къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ.