Календарь событий

05 октября 2022

Дыгъэм и бзийхэр щIигуэшыр

Ди къуажэ гупэр Iуащхьэрэ мэзрэщ, къуажэ щIыбыр псыхъуэшхуэщ, псы ежэхым бдзэжьей хэзщи, ди дадэ бдзэжьеящэ пщэдджыжь къэс макIуэ. 

Iущыцэхэр ди куэдщ

Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын къуажэм къыщалъхуа Тхьэгъэпсэу Iэминат ящыщщ егъэджакIуэ IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэзыхыу абы хуеджахэм, ар лэжьыгъэ зыхуэхъуахэм. 

ЖыгыщIэхэр ягъэтIыс

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, щыхьэрым иджыблагъэ зи хуэдэ щымыIэ, шыкIуртIымщэхум и лIэужьыгъуэу секвойэкIэ зэджэ жыгипщI щагъэтIысащ. 

Жэпуэгъуэ

Октябрь мазэр латин бжыгъэцIэм къытекIащ: «окто» – октябрь. 

Гъуазэм и зэфIэкIыр

«Нэхъапэм, Псыжьрэ Тэнрэ я зэхуаку дэлъ щIым и нэхъыбэм зыри щытемысам, шууей хахуэм Тэн и Iуфэ къэтIыс нэгъуейхэм, нэгъуэщI лъэпкъ Iэпхъуэшапхъуэхэм я шы гуартэхэр къахурт, – етх Хъан-Джэрий. – ЩIыпIэ хамэхэр фIыуэ зэрацIыхум, абыхэм тыншу зэрихьэ-къызэрикIыжыфым щхьэкIэ якIэрымылъ кIэралъхьэу, гъуазэхэр жинхэм япыщIауэ къыщалъытэ щыIэт. Ауэ щыхъукIэ, гъуазэхэм щIыпIэгъэлъагъуэу къагъэсэбэпыр дыгъэр, мазэр, вагъуэхэрат. Гупым здаунэтIын хуей лъэныкъуэр шу пашэм кърищIэрт жьыр нэхъыбэрэ къыздепщэмкIэ, нэгъуэщI нэщэнэхэмкIэ».

Зэрытхэ машинэхэр

Лондон, щIэныгъэ дэфтэрхэр щахъумэ и архивым щIэлъщ пащтыхь Аннэ и быдапIэм щыIа механик Милль Генри 1714 гъэм иратауэ щыта патент тхылъ гъэщIэгъуэн. Абы итщ хьэрфхэр зэкIэлъхьэужьу зытх Iэмэпсымэм и лэжьэкIэр. Къигупсыса зэрытхэ машинэм и щапхъэрэ и чертёжхэмрэ пащтыхь быдапIэм щагъэунэхуну утыку къищIауэ щытащ Милль.

Бгым узэрыдэкIым хуэдэщ

Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. 

Нэхъри зеужь

«Россельхознадзор» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ Управленэм и унафэкIэ «Налшык и зоопарк» МУП-м къратащ иIэ псэущхьэхэр нэгузыужьыпIэу щыт и IэнатIэм къыщигъэсэбэпыну хуит зэращIамкIэ пIалъэ зимыIэ дэфтэр (лицензэ).

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 5, бэрэжьей
 
ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэщ
ПсэупIэм и дунейпсо махуэщ
УФ-м ЩIэпхъаджащIэхэр къэлъыхъуэным пыщIа и IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Адыгэ Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

Унэишэ цIыкIу

Иужь зэманым унэишэри щауэишыжри зэрагъэхьэлIэу зы пщыхьэщхьэм зэфIагъэкI зэрыхъурэ, унэишэ цIыкIур абы къыкIэлъыкIуэ махуэм ящIу къаублащ. Мыбы нэхъыбэу хэтыр бзылъхугъэщ. НысащIэм и гуащэм Iэнэ къещтэ. Гъунэгъу, благъэ, Iыхьлы фызхэр Iэнэм бгъэдэсу, унэишэшхуэм ещхьу, ауэ уэредадэ хэмыту, нысащIэр фызхэм я пащхьэ кърашэри гуащэмрэ нысэмрэ зэтохьэ. Гуащэм къищта Iэнэр техьэпщIэу арат. Иджы Iэнэ къудейкIэ щызэфIэмыкIыр нэхъыбэщ. КъищынэмыщIауэ, япэм техьэпщIэмрэ псэлъапщIэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу гуащэм ищIу щытамэ, иджы а тIури зэтрагъахуэ.