Календарь событий

09 октября 2022

ГуапэхужыIэ тхыгъэхэр

ГушыIэр и щIасэт

Бзэхэр къызэрыунэхуар

Дунейм лъэпкъыу тетым Iуэ­рыIуатэ яIэщ. А псоми зэхуэдэу хэтыжщ лъэпкъыу щыIэр зэгуэр зы бзэкIэ псалъэу, зы лъэп­къыу щытауэ, Iуэхугъуэ гуэ­рым и зэранкIэ зэкъуэча ­хъуауэ. А Iуэхугъуэри - псы­дзэщ е Бабылей (Вавилон) чэщанэм и ухуэныгъэрщ.

ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа артист

УФ-м и цIыхубэ артист, театрымрэ киномрэ я актёр ТIыхъужь Алий къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу.
 Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт институтыр къиухыу Къэбэрдей-Балъ­къэрым къигъэзэжа иужь,  Къэбэрдей драмэ театрым лэжьэн щыщIидзат. 

Лъэпкъ Iей щыIэкъым

Совет Союзыр зэрыкъутэжрэ илъэсым щынэблэгъа 1992 гъэм, бжьыхьэм, IуэхукIэ сэ ­сы­кIуэн хуей хъуат Украинэм, нобэ ди нэгу щIэкI гузэвэ­гъуэхэр щынэхъ куу щIыналъэм. Ар мы къэралыгъуэщIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ Ровно къалэрт. Абы дынэсын ипэ къихуэу дэ зы­щы­тIэжьэн хуей хъуащ гъу­нэгъу Беларусым, Столин жыла­гъуэм. Къэралыгъуэшхуэм хэ­тауэ щхьэхуэ зызыщIахэм я цIыхум ядэслъэгъуахэмкIэ сы­хуейт «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм сывдэгуэ­шэну. Си гугъэщ ар гъэщIэ­гъуэн фщыхъуну.