Календарь событий

15 октября 2022

Улахуэ нэхъ мащIэм теухуауэ

КъБР-м и Правительствэм бюджетым и хэхъуэмкIэ, финанс, бюджет, налог зэгъэ­зэхуэкIэм кIэлъыплъынымкIэ и комиссэм хэтхэр тепсэ­лъы­хьащ республикэм и зэщIэгъэуIуа хэхъуэм. ЗэIущIэр ири­гъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ, комиссэм и унафэщI Къуныжь МуIэед.
 

ЗэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къыщаIэта зэIущIэ.

Жьыр къыщепщэр

КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и щIалэгъуалэ центрым экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ пэщIэ­ты­нымкIэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр ирегъэкIуэкI.

Дауэдапщэр ядиIэтащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къы­зэ­рызэрагъэпэщрэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэ­кIуэкIа махуэщI дауэдапщэ­хэм хэтащ.

Зыужьыныгъэм хуэгъэпса зэгурыIуэныгъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм и уна­фэщI Гулевский Анатолий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м  и министр Павлов Василийрэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къу­дамэм и лIыкIуэхэмрэ.

Я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ

Налшык къалэм щекIуэкIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуауэ щыта гузэвэгъуэш­хуэм теухуа пэкIу. Хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэу абы щыгъуэ хэкIуэдахэм я фэеплъым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр трилъ­хьащ.