Календарь событий

17 октября 2022

Лъы ят

   Шэрэдж районым и полицэм и  лэжьакIуэхэр хэтащ лъы тын Iуэхум.  

 

2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м  хэкIуэда я лэжьэгъухэмрэ республикэм   и цIыху мамырхэмрэ  я фэеплъым пщIэ хуащIу,   Урысей МВД-м Шэрэдж районымкIэ и къудамэм и   унафэщI  полицэм  и полковник Хапаев Далхат я  пашэу,  лъы ятащ.      

- Дэ ди къалэну къыдолъытэ   дэIэпыкъуэгъу псынщIэ хуэныкъуэ цIыхухэм защIэдгъэкъуэныр.  Лъы тыныр  мыхьэнэшхуэ зиIэ       Iуэхущи   ди фIэщ мэхъу  лъы ттар  сэбэп зэрыхъунур  цIыху гъащIэр къегъэлынымкIэ,-   къыхигъэщащ Хапаев Далхат. 

Ахъмэт и фэеплъ

Къэщкъэтау къуажэм щекIуэкIащ  2005 гъэм IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр Налшык къалэм къыщытеуам хэкIуэда   Ульбашев Ахъмэт  и фэеплъыр мыкIуэдыжын щIыным теухуа зэIущIэ.  

 

Полицэм  и лейтенант нэхъыжь Ахъмэат щеджа школым къыщызэIуахащ  фэеплъ пхъэбгъу. А Iуэхум хэтащ  щIалэм къыдэлэжьахэр   и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, школым и егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ,   район администрацэм и лIыкIуэхэр.

Псым япэ ибгъэщын щыIэкъым

Иужь зэманым газымрэ щIыдагъэмрэ апхуэдизу куэд тражыIыхьри, ди  щыIэкIэ-псэукIэмкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэр IэнатIэхэри ящогъупщэ. Зи гугъу  тщIынур псырщ, ар уимыIэу узэрымыпсэуфынурщ. Абы  щыгъуэми, еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, илъэс зытIущ нэхъ дэмыкIыу дунейпсо цIыхубэм и пащхьэ къиувэнущ ар къазэремэщIыкIым епха къалэн гугъур. Абы, хэбгъэзыхьмэ, щIихъумэнущэ экономикэми   политикэми егъэщIылIа Iуэху псори. Мы зэманым къэрали 100-м щIигъум къащэхун хуей мэхъу псыр. Жыжьэ дыIэбэнкъыми, ди Байкал къабзащэм и псыр яфIэфI дыдэщ Китайм и цIыхухэм.

 

Мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзытахэр ягу къагъэкIыж

Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэзытахэр. Налшык щекIуэкIащ абы теухуа  фэеплъ пэкIу.

 

Сабийхэм щабэу йоIэзэ

Сабийхэм я псантхуэхэм еIэзэ Хъыдзэ Лаурэ куэдым яцIыху. И щIэныгъэм, Iэзагъым, гущIэгъум щыхьэт тохъуэ зи бын абы деж езышалIэ адэ-анэхэр. ЦIыкIухэм япыщIа дэтхэнэ IэщIагъэми нэхъыщхьэу хэлъыр сабий фIыуэ плъагъуныр. 

Фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэ

         СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ художник Баккуев Владимир къыщIэна лэжьыгъэхэр. «Хасаньинская сюита» зыфIаща а фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэм лэжьыгъэ 95-рэ къызэщIеубыдэ. Псэужамэ, Баккуев Владимир и ныбжьыр мы гъэм илъэс 80 ирикъунут.

- ЦIыху нэхуу дунейм тета, гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зи IэщIагъэм пэрыта Баккуев Владимир къызэрытхэмытыжрэ зы илъэс мэхъу. Абы къыщIэна сурэтхэри, езым хуэдэу, дэрэжэгъуэ къозытщ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым.

«СлIот, Африкэм укIуэнут?»

ТхакIуэ, драматург, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шортэн Аскэрбий (1916 - 1985 гъ.гъ.) ящыщщ ди лъэпкъ театрым и япэ режиссерхэм. И зэманым ар жыджэру адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хэлэжьыхьащ, и художественнэ тхыгъэхэмкIэ (пьесэхэр, очеркхэр, рассказхэр, фельетонхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ) цIыхубэр щIэныгъэм, гъуэгу захуэм, тхыдэр хъумэным хуиунэтIащ.

Къугъуэлъыкъуей фэеплъыр зэрагъэпэщыж

1942-1943 гъэхэм ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр щІэгъэхуэбжьауэ Къугъуэлъыкъуей (Урыху) къуажэм щокІуэкI.

Фэеплъыр зэгъэпэщыжыным икIи абы и Iэгъуэблагъэр зэпэщ щІыным текIуэдэну мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр (2019-2024 гъэхэр)» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхокI. Лэжьыгъэхэр 2023 гъэм ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу зэфIагъэкІыну я мурадщ.

Щтауч

Адыгэбзэм куэду хэтщ жьы хъуа псалъэхэр. Апхуэдэ псалъэхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпым цIыхур хуэмеиж зэрыхъуам е  нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIыу,  псалъэр жьы мэхъу.  КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым хэт псалъэхэр щапхъэу къэтхькIэрэ, жьы хъуа псалъэ зыкъом фигу къэдгъэкIыжынщ.      

Матэкъуаншэ - шхын гъур, хьэпшып зэрызэрахьэ, къу къуаншэ зытет матэшхуэ. Матэкъуаншэхэр ярытщ выгухэм, зи гупкIэм ныш илъи гъунэжщ.

Пхъэхуейм ихъума щэху

Жыгейм сэбэпынагъыу иIэр,  псалъэ лей хуэмеижу, псоми ящIэ: къыпыкIэ мышхумпIэр мэз псэущхьэхэм я шхыныгъуэщ, уеблэмэ гъатхэм хуиту тригъэхьэу. КъищынэмыщIауэ, жыгейм и пхъафэр и хущхъуэшхуэщ щIыIэ, дзэл, лъынтхуэ узхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 Абрэдж  Iэдиб Хьэсэнбий и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатым и полномочиехэр я пIалъэр къэмысу щхьэщыхыным и IуэхукIэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и депутатым и статусым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 4-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и 1-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Анэдэлъхубзэ

Зи анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIхэм, зэзы­мыпэсыж­хэм дерс къыхахыну ди гугъэщ иджыпсту вжетIэжыну хъыбарым. Ар къэзыIуэтэжар Тыркум щыпсэуа адыгэ щIалэ Тхьэзэплъ Фозийщ.

 

*   *  *

Ещанэ классыр къэду­хыу еджапIэм дыкъыщаутIыпщам ди адэм: «Iуэхун­шэу ущыс нэхърэ, зы лэ­жьыгъэ гуэр пэрыуви нэхъыфIщ», - щыжиIэм, арэзы сыхъури, цIыхубз хьэпшып зыщэ ди цIыхугъэ тырку гуэрым гъусэ зыхуэсщIащ. Къуажэ-къуажэхэр къызэхэткIухьурэ, сату тщIырт…

Нобэ

Къулейсызыгъэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

УФ-м щагъэлъапIэ щIыпIэ хэхам епха дохутыр терапевтхэм я махуэр

1740 гъэм картэхэр зэхэлъхьэнымкIэ IэщIагъэлI, къэхутакIуэ цIэрыIуэ Беринг Витус и экспедицэм хэтхэм Петропавловск-Камчатский къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.

1902 гъэм Детройт (США) къалэм къыщыщIагъэкIащ япэ «Кадиллак» автомобилыр.

1905 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэр зэхыхьащ.