Календарь событий

18 октября 2022

Къудей Алим и къалэныщIэ

Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ Урысейм кикбоксингымкIэ и федерацэм и зи мычэзу конференцэ. Абы къыщыхахащ зэгухьэныгъэм и унафэщIхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гъэсакIуэ цIэрыIуэ Къудей Алим иджыблагъэ хагъэхьащ Урысейм КикбоксингымкIэ и федерацэм (ФКР) и гъэзэщIакIуэ комитетым.

Мудар Хьэфэ и кхъэ нэпцI

Къэбэрдейм я пщышхуэр, ЩолэхъужькIэ зэджэр, лIа нэужь, пщыхэр зэныкъуэкъу хъуащ, бий зэхуэхъужауэ зыбжанэрэ екIуэкIащ. Щолэхъужьым и къуэ Къэрэщей унафэр яфIиубыдынкIэ шынэрти, ар яукIын мурад ящIащ пщыхэм: «Япэ зидмыгъэщмэ, езым дыIэщIэкIуэдэнщ, дыкъелынукъым», - жари. Ар Мудар Хьэфэ и пщэ иралъхьащ: «Къэрэщейр тхуэукI, уэр фIэкI, нэгъуэщI пэлъэщынукъым», - жари.

Хьэхур хьэхуу къренэж

Илъэс ныкъуэм нэблэгъагъэнщ Пицундэ зыгъэпсэхупIэм теухуауэ Абхъазым щекIуэкI зэдауэм зэрыщIидзэрэ. Парламентым хэIущIыIу имыщIу, зыгъэпсэхупIэм иубыд ухуэныгъэр Урысейм и федеральнэ IуэхущIапIэм ирита нэужь, цIыхухэм зыкъаIэтащ.

Iэгуауэшхуэр хуаIэтырт

Дуней псом тет лъэпкъхэр зыхэзыгъаплъэ гъуазджэ лIэужьыгъуэщ къафэр. КъэфакIуэ щIэблэ зи куэдхэм я гугъу пщIымэ, ар КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Нэгъуд Борисрэ Любэрэ я унагъуэрщ.

Фэеплъхэр зыхуей хуагъазэ

«Хэкум зи псэр щIэзытахэм я фэеплыр хъумэн» къэрал программэм хиубыдэу Бахъсэненкэм щызэрагъэпэщыж зауэм хэкIуэдахэм я кхъащхьэр.

Къуажэм и ут нэхъыщхьэр зыгъэбжьыфIэ а монументым и щытыкIэр зыхуэдэр Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм къапщыта нэужь, трищIа щIыIухухэр трагъэкъэбзыкIри, щIэрыщIэу ялэжащ, и лъабжьэ къэтIэсхъар зэщIашхэжащ.

Куэд дэмыкIыу къагъэщIэрэщIэжынущ зауэм хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэр зытет мрамор гъэжар.

Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIа нэужь, фэеплъым и хъуреягъыр зэIузэпэщ ящIынущ.

Ташло Алий: Дэнэ щIыпIэ зыкъыщызгъэлъагъуэми, адыгэ уэрэди щыжызоIэ

Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Ташло Алий ди къэралым и мызакъуэу, хамэ щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыху. Абы и уэрэд жыIэкIэр зэхэзыхауэ и творчествэм димыхьэх щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ташлом и концертхэми ар зыхэт пшыхьхэми цIыхухэр куэду йокIуалIэ. Шэч хэмылъуи, аращ артистым и зэфIэкIыр къызэралъытэ пщалъэ нэхъ лъагэ дыдэр.

ЛъагапIэхэм хуэкIуэ лъагъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я Зэгухьэныгъэмрэ я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Лъэпкъ Музейм иджыблагъэ щагъэлъэпIэжащ.

Уафэгур и дунейт

Кхъухьлъатэзехуэ ахъырзэман, журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ Iэзэ! Пэжщ, а псор зы цIыхум хэлът. Уафэрауэ къыщIэкIынут а псом и къежьапIэр! Ди лIыхъужьым уафэр и плъапIэт зэрыцIыкIурэ. Куэдрэ уафэм уиплъэмэ, къарурэ гупсысэ бзыгъэрэ къуиту къыщIэкIынущ. ЛIыгъэ хэлъу, акъылыфIэу, гурыхуэу, пэжым тету псыхьа хъуащ Ажий Исмэхьил.

УафэмкIэ куэдрэ плъэрт…

Дохутыр цIэрыIуэр Налшык щыIащ

Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм къызэрагъэпэща «Здравствуй!» зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ КъБР-м аллергологиемрэ иммунологиемкIэ и центрым кърагъэблагъэри, абы махуэ лэжьыгъэ щрихьэкIащ педиатр-иммунолог, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Продеус Андрей.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж IуэхукIэ зэрызэпеуэм зегъэужьынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №163-УГ-мкIэ къищтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр 2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и отчетым теухуауэ

НОБЭ

♦КIэнфетхэм я дунейпсо махуэщ

♦ЦIыхухъухэм я джанэхэм далъхьэ пщэдэлъым и дунейпсо махуэщ

♦Азербайджаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦1867 гъэм Аляскэ хытIыгуныкъуэр США-м зэрыращам теухуа дэфтэрхэр зэIэпахащ. Жэпуэгъуэм и I8-м илъэс къэс а къэралым щагъэлъапIэ Аляскэм и махуэр.

♦1723 гъэм Пётр Езанэм Кронштадт быдапIэм и лъабжьэр игъэтIылъащ.

♦1918 гъэм Чехословакие республикэр къызэрагъэпэщащ.