Календарь событий

21 октября 2022

«Зэманым и гъуджэ»

А фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ дунейм къытехьащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъ.

Жыжьэ дыдэ къыщожьэ

Iэщэ щIынкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ гуэбэшыхэм Iэщэм зэреджэ цIэ куэд хамэбзэхэм къыхахащ. Хэт зымыщIэр гуэбэшы къамэ цIэрыIуэр? Ауэ гуэбэшыхэр къамэм зэреджэр азербайджан псалъэ хъанжарщ. АтIэми адыгэхэр Iэщэ куэдым зэреджэ цIэхэр хамэбзэхэм къахэкIакъым. Апхуэдэщ «къамэ», «сэ» псалъэхэр. Абы и тхыдэр къигъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор Абдокъуэ Iэуес:

Телефоныр къежьэри…

«Ватсон, нэпсалъэр Беллщ! Сызэхэфхмэ, щхьэгъубжэм фыбгъэдыхьи, фи пыIэхэр щхьэрыфх, Iэ къэфщI». 1876 гъэм гъатхэпэм и 10-м япэу телефонкIэ жаIа псалъэщ мыхэр. Псэлъар - Белл Грехем Александр - дунейм цIэрыIуэ щыхъуащ, зэрыпсалъэ Iэмэпсымэ япэу къызэригупсысамкIэ.

Зы ажэжь, зы бжэныжь, зы чыцI цIыкIу

Еуэрэ-еуэрэт, жи: Нал жаIэри зы лIыжь цIыкIy щыIэти, и гъащIэр жьэгум дэсу ихьырт, и лъакъуитIыр яжьэм хэгъэлъэдауэ. Абы иIэт зы Ажэжь, зы Бжэныжь, зы ЧыцI цIыкIуи, пшэдджыжь къэсыху губгъуэм дэкIырт аби, жэш хъуху хъуакIуэрти, пщыхьэщхьэхуэкIуэу къыдыхьэжырт; къызэрыдыхьэжарауи Нал къаджэрт, бжэныжьыр щIишэрт аби, къишырт, абы къыщIиш тIэкIур и Iycy езыри псэурт.

Адыгэлъыр кIуэдакъым

Ди хэкуэгъухэр Болгариеми щопсэу. Адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм тIэкIу-тIэкIуурэ яхошыпсыхьыж. Куэдым я анэдэлъхубзэр яIэщIэхужащ. Адыгэ унэцIэ зезыхьэу абыхэм яхэтыжыр мащIэщ, лъэпкъ хабзэм щыгъуазэу къэнэжаи щыIэкъым. Ауэ адыгэлъыр, адыгэ хьэл-щэныр кIуэдакъым. Болгарием ущрохьэлIэ Къардэнхэ, Думэнхэ, Думэныщхэ, Бэчхэ, Къулхэ, Шэрджэсхэ…

МащIэ къигъэщIами, куэдым хунэсат

Ди газетым хъыбар зэрытетащи, анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы пэублэу икIи убгъуауэ къыщыпсэлъащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Министр Езауэ Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зи лэжьыгъэр бзэм егъэщIылIа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр.

Зы сурэтыщIым и зэфIэкI

ЦIыху гъащIэр хьэлэмэтщ, ауэ сурэтыщIым ейр нэхъ гъэщIэгъуэныж хуэдэу къыпщохъу. Ар дэ дызэплъ дунейм нэгъуэщIынэкIэ хоплъэ, нэхъ къызэрыгуэкI дыдэ къэхъугъэми хьэлэмэт хилъагъуэу. Апхуэдэ Iэзагъ бгъэдэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдини. 

Хьэлыгъум и махуэ

ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэр (World Bread Day) щаIэт ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм.

Нобэ

♦1520 гъэм Португалием щыщ зыплъыхьакIуэ Магеллан Фернан хы Щэхумрэ Атлантикэ хымрэ я псыдэжыпIэр къихутащ, иужькIэ абы езым и цIэр фIащыжащ.

♦1899 гъэм Владивосток къыщызэIуахащ КъуэкIыпIэ институтыр, иджыпсту абы зэреджэр КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетщ.

♦1935 гъэм Германиер Лъэпкъхэм я Лигэм къыхэкIыжащ.

♦1945 гъэм Франджым цIыхубзхэми хэхыныгъэхэм Iэ щаIэтыну япэу хуит щащIащ.

♦1958 гъэм Инджылызым и Парламентым и лорд палатэм япэу цIыхубз хахащ.