Календарь событий

23 октября 2022

Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр

Къэбэрей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и IэнатIэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ - и ныбжьыр илъэс 84-нэм иту дунейм ехыжащ къэбэрдей тхакIуэ, усакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым, КъБР-м и Журна­листхэм я союзым хэт Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр.

ХэкулI нэст

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым куэ­дым щапхъэ яхуэхъуа гъащIэ гъуэгуанэ дахэрэ лэжьыгъэ купщIафIэ­рэ къызэзынэкIа уна­гъуэхэр. Абы­хэм яхэтащ, лъахэм и ­мызакъуэу, къэралым и зыу­жьыныгъэм зи гуащIэшхуэ хэзылъхьахэри, абыхэм я зэ­фIэкIыр бэм ­ящыгъупщэ мыхъуну.

Къалащхьэм щагъэлъэгъуа ди хъугъуэфIыгъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ Москва щекIуэкIа Iуэху дахэхэм ящыщщ Урысейм и иджырей тхыдэмкIэ музейм къыщызэ­рагъэпэща «Къэбэрдей-Балъкъэр. ЛIэщIыгъуэхэм япхыкI ­гъуэгуанэ» гъэлъэгъуэныгъэ екIур. Ар фокIадэм и 21-м къы­зэIуахащ, мазэкIэ екIуэкIауэ пщэдей зэхуащIыж. 

Псым щысакъын хуейщ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм щызэхалъхьэжащ 2022 гъэм псыхэм зыщыщагъэпскI пIалъэу жэпуэгъуэм и 1-м иухам кърикIуахэр.

Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

Грознэ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми щыщ, зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуа спортсмен 300-м нэблагъэ.