Календарь событий

27 октября 2022

Лъэпкъым и къарур и бзэрщ

Лъэпкъым и къарури и тIасхъапIэри и бзэращ. Анэдэлъхубзэрщ лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр, и пщIэр зыIэтыр. Сыт нобэ ди бзэм и Iуэху зыIутыр, жыпIэмэ, узэгупсысын хэлъщ. Абы куэд тражыIыхьащ щIэныгъэлIхэми, тхакIуэхэми, тхыдэджхэми. Уигъэгупсысэу, мыхьэнэ хэлъщ Ехъутэныдж Хьэсэн бзэм и Iуэхум теухуауэ жиIауэ щытахэм. Анэдэлъхубзэм и къарур къэIэтыжынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэм деплъыжыну си гугъэщ «Уи бзэр уимыIэжмэ…» жиIэу итхауэ щытар дигу къэдгъэкIыжмэ.

ХьэтIокъущыкъуей жыг-хадэр дывгъэхъумэ

ХьэтIокъущыкъуей жыг-хадэм теухуауэ щытхъу тхыгъэ хэIэтыкIахэр урысей газетхэмрэ журналхэмрэ куэду къытехуэу щытащ XX лIэщIыгъуэм и 30-80 гъэхэщ. Мы паркыр Урысейм и нэхъ къулей дыдэхэм хабжэрт, ар зрагъэлъэгъун, зыщагъэпсэхун, я узыншагъэн щызэтрагъэувэжын папщIэ цIыху мин бжыгъэхэр къекIуалIэрт.  

Къыу хужьхэм къакIэрыхуа зы

Мы сурэтыр Интернетым къитхащ, абы итхэр цIыху цIэрыIуэ дыдэу зэрыщытар къэтлъытэри. СурэтыщI цIэрыIуэ Дали Сальвадор къыбгъэдэсыр куэдым я гур зыхьэхуа балеринэ, тхакIуэ, скульптор, актрисэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа бзылъхугъэ дахэ Щамырзэ Моникэщ (Черинэ Людмилэ). Ар щытрахауэ къэгъэлъэгъуар Париж дэт «Лидо» кабареращ, 1969 гъэм и бжьыхьэм.

IэпщIэлъапщIэхэм я зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ IэщIагъэхэмкIэ и центрым щекIуэкIащ «Сделай сам» фестивалыр.

Абы хыхьэу ирагъэкIуэкIащ кхъуэщыным елэжьыным, мозаикэхэр зэхэгъэувэным, бранычхэм сурэт зэмылIэужьыгъуэхэр тещIыхьыным ухэзыгъэгъуазэ мастер-классхэр. Центрым балигъхэри сабийхэри йокIуалIэ. Республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи IэпщIэлъапщIагъэм зезыгъэужьыну хуей дэтхэнэм дежкIи а дерсхэр зэIухащ. Зэрыт ныбжьми емылъытауэ, гукъыдэж зиIэ псоми Iэмал яIэщ абыхэм екIуэлIэну.

ФIэщхъуныгъэ къабзэм и Iэужь

Мулид мазэр къызэрысу, зэгурыIуэныгъэ дахэм тету, хьэблэ-хьэблэкIэрэ зэчыр пшыхьхэр щызэIэпах. Зэман щхьэхуэм емыхьэлIауи, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хуаIэ лъагъуныгъэр къызэрагъэщIэрэщIэж Iэмал мэхъу макъамэм нэхърэ псалъэхэм мыхьэнэ нэхъыбэ щрат зэчырхэр. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну «Iэминтазэр» е «Теубгъуэным и къэщидэр» апхуэдэхэм я щапхъэщ. Ар и IэдакъэщIэкIщ Iимам Бусэйри.

Лъэпкъ щIэныгъэм и къежьапIэр

БлэкIа лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъым зэригъэпэщащ и гъащIэм и къекIуэкIыкIар, Iуэху нэхъыщхьэу и лъахэм къыщыхъуахэр, и гурылъ-гурыщIэхэр, зэхэщIыкIыр, хъуэпсапIэхэр куууэ къыщыгъэлъэгъуа IуэрыIуатэ телъыджэ, нобэр къыздэсым абы и цIыхухэр зытет хабзэ хьэлэмэтхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм я деж хэIущIыIу зэрыщыхъуа Iэщэ-фащэ къекIухэр, къэхъу щIэблэщIэр зэрагъасэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр.

Хабзэм тетыным хуаущий

Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм щрагъэкIуэкIащ щIэпхъаджагъэ мыхьэлъэ зылэжьахэм ящыщу жылагъуэм пэмыIэщIэу яIыгъыну суд зытращIыхьахэр терроризмэмрэ экстремизмэмрэ хамышэным, апхуэдэуи ахэр къытрагъэзэжу хабзэм емыбэкъуэным хуэзыущий Iуэху щхьэпэ.

Абы хэтащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэ Болэ Айвар, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Джэдгъэф Аслъэн, УФСИН-м и инспекцэм и унафэщIым и къуэдзэ КIуэкIуэ Алим.

Топджэгур зи гъащIэхэр

Топджэгур, шыгъажэмрэ бэнэнымрэ хуэдэу, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ спорт лIэужьыгъуэу пхужыIэнукъым. Илъэсищэ ирикъуркъым а джэгукIэр ди щIыналъэм къызэрырахьэрэ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу хуабжьу зиубгъуащ икIи цIыху миинищэхэр дихьэхащ.

«Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ»

«Ладья» шахмат-шашка клубым шахматымкIэ щекIуэкIащ Иуаз Астемыр и «Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ» зыфIища и проектым и япэ Iуэхур. Мы гъэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм абы ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агенствэм и грант къыщихьащ. Iуэхур хуэунэтIащ зи узыншагъэ хуримыкъу сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гулъытэ етыным, ахэр шахматым дегъэхьэхыным. 

Бжьыхьэ дыгъэпс

Дунейм и дахэгъуэщ. Къытепсэ бжьыхьэ дыгъэр фIэбэмащIэу, шындэбзиймкIэ щопэщащэ  Зулэ.

…« Гъатхэ дыгъэр си нысэм тиупси, бжьыхьэ дыгъэр си пхъум тиупсэ»,-жызыIам и Iуэху зыIутар тхьэм ищIэнщ, ауэ жыпIэнурамэ, хэлъщ  а бжьыхьэ дыгъэпсым нэсу дызыщымыгъуазэ къару щэху гуэр. Псоми ухуэнэплъэIусынри Iэмалыншагъэкъым… чыхум хыхьэжа гупсысэхэм здыхэтым, хьэнцейгуащэ къезышэкIхэм я макъ къызэхихащ. Телъыджэш, Зулэ къыхуэгубзыгъыжыркъым иужь дыдэу хьэнцейгуащэ щилъэгъуар. ИIыгъ пщIантIэ жыхапхъэр хыфIидзэри, макъыр къыщыIу куэбжэпэмкIэ жащ.

Дыгулыбгъуей гъуэгухэр къагъэщIэрэщIэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэм зыщегъэужьын» къэрал программэм хыхьэ «Гъуэгуухуэ IэнатIэр» пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ Дыгулыбгъуей къуажэм и гъуэгухэр зэрагъэпэщыж.

Сом 21315-рэ фIэкIуэдащ

КъБР-м щыIэ МВД-м фыкъыхуреджэ интернеткIэ зыгуэрхэр къыщыфщэхукIэ е щыфщэкIэ фысакъыну, фтеухуа щэхухэр зыми дзыхь яхуэвмыщIыну. ГъэпцIакIуэхэм я лей къыфтехьамэ, икIэщIыпIэкIэ полицэм зыхуэвгъазэ.

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 22-м Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм зыхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 20 хъу щIалэм. Абы зэрыжиIамкIэ, социальнэ сетым ирилъхьащ сом 2999-кIэ пщэдэлъ зэрищэр. КъыкъуэкIа «щэхуакIуэм» мессенджерхэм языхэз къигъэсэбэпри, ар зыщэм къыжриIащ ссылкэм хыхьэу и даннэхэр къыщигъэлъэгъуэну.

Нобэ

Аудиовизуальнэ щIэиныр хъумэным и дунейпсо махуэщ

Гимнастикэм и урысейпсо махуэщ

Тыркумэн Республикэм и щхьэхуитыныгъэм махуэщ

1829 гъэм США-м щызэпкъралъхьащ сабий къызэрырашэкI гу цIыкIур.

1867 гъэм Толстой Лев «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ» романыр тхын иухащ.

1895 гъэм Транссыбыр гъущI гъуэгум и япэ Iыхьэр ухуэн  яухащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

  «ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжынымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: