Календарь событий

03 ноября 2022

Насыпыр мылъкум елъытакъым

Къудамэ зыбжанэу зызыубгъу Нобель и саугъэтыр экономикэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэми хуагъэфащэ. Мыгъэрей тыгъэр яIэрыхьащ США-м щыщ щIэныгъэлI-къэхутакIуэхэу Бернанке Бен, Даймонд Дуглас, Бибвиг Филип сымэ.

ЩIыналъэр и къалэнхэм полъэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек нобэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм къыщыпсэлъащ. Абы ищIа докладыр теухуауэ щытащ 2022 гъэм республикэм иIа социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ  2023 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ зыхуагъэувыж къалэнхэмрэ. 

Лэжьыгъэм хуэжыджэр

Нартокъуэ СулътIан Хьэмзэт и къуэр 1955 гъэм мэкъуауэгъуэм 3-м КъШР-м и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм хыхьэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм къыщалъхуащ. 
1959 гъэм я унагъуэр Псыжь (Абазэ куей) Iэпхъуащ. СулътIан абы курыт еджапIэр къыщиухащ, итIанэ Севастополь дзэм къулыкъу щищIащ, I983 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ, иужькIэ Ростов къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым щеджащ, апхуэдэуи и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КПСС-м и Къэрэшей-Шэрджэс обкомым марксизм-ленинизмэмкIэ и университетым. 

IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм хагъахъуэ

Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ къуажэхэм щIыпIэ унафэр щызэрахьэ я IуэхущIапIэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсхэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

Зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэ

1924 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Италием и Милан къалэм щызэхашат Банкхэм я япэ дунейпсо конгресс (Ist International Savings Bank Congress). Абы щызэIущIат ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 29-м щыIэ ахъшэ хъумапIэ нэхъ инхэм я лIыкIуэхэр.

IэщIагъэм къыхуигъэщIа

ЦIыхум и узыншагъэр хъумэныр, и гъащIэр къегъэлыныр дохутырыр махуэ къэс зыпэрыт лэжьыгъэ хьэлъэщ. 

Гайморитым фыхуэсакъ

Дунейм и щIыIэгъуэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей. 

ЗэфIэкIрэ Iэзагърэ бгъэдэлът

Лъэпкъ щIэныгъэмрэ сабий литературэмрэ япэкIэ гъэкIуэтэным хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщIахэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841 – 1899). И егъэджакIуэ Бырсейм и Iуэхум пищэурэ а щIэныгъэлI псэемыблэжым анэдэлъхубзэр щадж еджапIэ 1866 гъэм Налшык къыщызэIуихыгъащ, зы илъэсым нэблагъэкIи абы егъэджакIуэу щылажьащ. 1864 – 1865 гъэхэм Кавказым щыIэ урысыдзэм и штабым и ягъэIэпхъуэ тхылъ тедзапIэм абы къыщыдигъэкIащ «Къэбэрдей алыфбей», «Саади и «Гюлистаным» щыщу таурыхъ зыбжанэ», «Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитIрэ таурыхъитIрэ» лэжьыгъэхэр.

Ди тхыдэ-щэнхабзэм и беягъыр

Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэ IуэхущIапIэхэр зэрыщыту къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ар 1926 гъэм щIышылэм и 6-м СССР-м и ЦИК-м и Президиумым и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым къызэрагъэпэщауэ щытащ, щIыналъэм экономикэ, тхыдэ, археологие, этнологие къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкIын, щIэныгъэ лэжьакIуэхэр игъэхьэзырын папщIэ. 

ТхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист Къамбий Джэфар къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

Къамбий Джэфар 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Къармэхьэблэ адыгэ къуажэжьым къыщалъхуащ. Курыт школыр къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Дзэм ираджэу къигъэзэжа иужь еджэным пищащ.

Мининымрэ Пожарскэмрэ

Минин Кузьмарэ (1570 - 1616) Пожарский Дмитрийрэ (1578 - 1642) цIыхубэр зыхэта зауэлI зэгухьэныгъэм я пашэу щытащ. 1612 гъэм абыхэм я унафэм щIэта зауэлIхэм полякхэр ирахужьэжри, Москва хуит къащIыжащ. Ахэр хэку лъагъуныгъэм, хахуагъэм я щапхъэу тхыдэм къыхэнащ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 3, махуэку

 
Щэхур хъумэным и дунейпсо махуэщ
Белоруссием и граждан авиацэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Японием щагъэлъапIэ щэнхабзэм и махуэр
1562 гъэм Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ и щIалэ Думэныкъуэ и гъусэу Астрахань хъаным и деж кIуащ.