Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм къэралыгъуэ зэрагъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ, УФ-м и къалащхьэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщщ «Адыгэ кином и тхьэмахуэр». Ар къыщызэIуахащ Москва дэт «ТекIуэныгъэм и музейм». Зэхыхьэр хуабжьу щхьэпэт, сыту жыпIэмэ, адыгэ щэнхабзэм иужьрей илъэсхэм игъуэт зыужьыныгъэм щыхьэт нахуэ хуохъу адыгэ фильмхэр зэрытрахыр. ТхьэмахуэкIэ ди къэралым и щыхьэрым щагъэлъэгъуащ документальнэ, художественнэ, щIэныгъэ, тхыдэ фильму 8.