Календарь событий

09 ноября 2022

Бахъсэн къалэ еджапIэщIэ щаухуэ

Бахъсэн къалэм хъыбар дахэ иджыблагъэ къиIукIащ. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэм щрагъэжьащ сабий 1224-рэ зыщIэхуэн еджапIэм епха ухуэныгъэхэр.

Пианист цIэрыIуэхэр

Пианинэ еуэным щыхуагъасэ школхэр Урысейм къыщыунэхуауэ щытащ илъэс 200 хуэдэ ипэкIэ, европейхэм ейхэм нэхърэ зыкъомкIэ нэхъ гувауэ. ИтIани дуней псом щыцIэрыIуэ пианист-макъамэтххэр урысхэм яхэтщ. Рубинштейнхэ Антонрэ Николайрэ, Оборин Лев, Софроницкий Владимир, Юдинэ Марие, Гигельс Эмиль, Рихтер Святослав, Зак Яков, Флиер Яков, Кисин Евгений сымэ урыс лъэпкъ гъуазджэр зыкъомкIэ ягъэбжьыфIащ.

Хьэсаут

Мы фIэщыгъэр зытеIукIа жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.

Псы хущхъуэхэмрэ ахэр къызэрызэIуахамрэ

Урысхэм  «Железная» зыфIаща   бгым  пэгъунэгъу  псы  хущхъуэхэм  я  гугъу  урысхэм   япэу  яхуэзыщIар  нэ  дохутыр  цIэрыIуэ  Гааз  Фридрихщ.  Езым и  пэ  абыхэм  ятетхыхьа  Паллас  Пётр  зытепсэлъыхьа   псыхэр  къилъыхъуэу,  офицерхэми  дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ  къекIуэкIащ  Гааз  зыкъомрэ.  Щэнейрэ  Шотландием къикIа  чыристан  духьэшыхэм    я  псэупIэ  Каррас къыщежьэурэ,  Бещто  лъэныкъуэкIэ  щылъыхъуащ, ауэ  игъуэтакъым. 

Шэ къэуэжым и етIуанэ хъыбарыр (Ещанэ Iыхьэ)

Соуэри, пщыхьэщхьэхуэкIуэу Сталинград сынос. Сызэрынэсарауэ, къоджэ жаIэри Жукуфым деж сашэ. ФIэхъус-сэламыр зэфIокIри, Iэпэ еший:

 – Мо Iуащхьэ цIыкIур плъагъурэ? – жи.

 – Солъагъу.

 – НтIэ, плъагъумэ, нэху мыщ щIыкIэ, мы псым исыкIи, а Iуащхьэм тетIысхьэ, – жи. – Нэхущым деж сэ Iэ нэсщIынщ; Iэ нызэрысщIу, уи шыплIэ пылимотыр къызэIудзи, плъэкI къыумыгъанэу ятегъэлъалъэ нэмыцэм: куэдщ ахэр ди хэку зэрыщыхьэщIар, унэ яIэм ирекIуэж!

КъызгурыIуащ сэ абы и мурадыр.

Сыт сонетыр зищIысыр?

«Сонет» псалъэм итальяныбзэкIэ «уэрэд цIыкIу» жиIэу аращ. Мы жанрыр ХII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ къыщагъэсэбэп литературэм, и къежьапIэр Италиерауэ къалъытэ. Япэу абы зезыпщытар усакIуэ Джакомо де Лентинощ, ауэ литературэм зыщезыгъэубгъуар  Петраркэ Франческэщ (сонет 317-рэ къыщIэнащ). Сонет ятхыу щытащ Микеланджелэ, Брунэ Джорданэ,  Тассэ Таркватэ. ИужькIэ ар ялъоIэс Испанием, Португалием (ХVI), Франджым, Германием, Инджылызым (ХVII), Урысейм (ХVIII, Тредиаковский Василий, Сумароков Александр, н.).

Паспорт ират

 

Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщхэм Урысей Федерацэм и цIыхум и паспорт щратащ.   

Бахъсэн къудамэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI, полицэм и полковник Нэхущ Заур дэфтэрымрэ Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ яритащ Донецк къалэм къикIа зэщхьэгъусэхэм.  

Полицейхэр къэралым щыпсэум и  тхылъ  нэхъыщхьэр  зыIэрыхьа хьэщIэхэм ехъуэхъуащ.  Кушнирхэ я унагъуэм  хабзэхъумэхэм фIыщIэ хуащIащ я дэфтэрхэр и чэзум къаIэрыхьэнымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ. 

Проектхэм я фIыгъэкIэ

 Урысейм и щIыналъэ псоми щагъэзащIэ «Къалэхэм я теплъэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ проектыр. Ар зэрагъэлэжьа зэманым къриубыдэу (2017 гъэм къыщыщIэдзауэ)  ди къэралым и муниципальнэ щIыналъэхэм ухуэныгъэу мин 50-м нэблагъэ зыхуей щыхуагъэзащ.