Календарь событий

10 ноября 2022

Апхуэдэр пщыгъупщэ хъунукъым

1920 - 1940 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа политикэ зэхэзехуэм лъэпкъ куэдым щыщ мелуан бжыгъэ хэкIуэдащ, цIыху гъащIэ, унагъуэ куэд зэхикъутащ.

Зэхэзехуэн ящIахэм я етIысэхыпIэхэм ящыщ зыщ  илъэс 425-рэ тхыдэ зиIэ, Омск областым хыхьэ Тарэ къалэр. Ар 1594 гъэм яухуауэ щытащ, иджырей Омск областым япэ дыдэ щетIысэха урыс жылагъуэщ. Политикэ зэхэзехуэн ящIу Шэрджэс автоном областыр зрагъэбгынахэм, лIэщIыгъуэ блэкIам и 30 гъэхэм Хэкум ирахуа адыгэхэр, абазэхэр, нэгъуейхэр, урысхэр абы къызэрыщыхутам и гугъу зэращIыжыр етхыж «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Лусанэ.

Гугъэри гъуазэщ

Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хэт щIэныгъэлIхэм хьэршым техноген дамыгъэ (сигнал) къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу, уафэ жыжьэм щыIэ, вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэ зыхиубыдэ, Парус (Жьыхь) зи фIэщыгъэ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэр а къэралым щызэпкъралъхьа MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэмкIэ къаплъыхьащ.

Метрополитен музейм адыгэ фащэ щахъумэ

Дуней псом и музей нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Метрополитен музейм (The Metropolitan Museum of Art) щахъумэ адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэ ЩэрэлIокъуэ - Натырбэ ФатIимэ и фащэр.

Хэгъэгупсэхэм я дерс

ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным хуэунэтIауэ щытащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым иригъэкIуэкIа дерс гъэщIэгъуэныр. Лъахэхутэхэм иджыблагъэ къахуеблэгъащ Налшык къалэ дэт 6-нэ курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэу Хьэрун Раисэрэ Дмитрян Жаннэрэ.

И адэр иукIыжауэ ягъэкъуаншэ

УФ-м и Следственнэ комитетым КъБР-м щиIэ управленэм и Прохладнэ район къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, УФ-м и УК-м и III-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч зыхуащI, щIыпIэм щыпсэу цIыхухъум теухуауэ.

Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым

ЩоджэнцIыкIу Алий зи хъыбар къиIуэтэж «щIэныгъэщIэкъум» жиIэр фщIэжыртэкъэ: «Сыхуейкъым сэ «гъым-шым» жысIэу, адыгэбзэкIэ сыпсэлъэну». Урысыбзэр уэру адыгэ гъащIэм къыщыхыхьа лъэхъэнэм гуитI-щхьитI гуэрхэр щыIа пэтми, нобэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, Алий зыщIэнэкIам хуэдэхэр нэхъыбэщ.

«Дэнэ деж дэ анэдэлъхубзэр къыщытхуэсэбэпынур?» УпщIэр апхуэдэу зыгъэувым жэуап пхъашэми зыри къыхуищIэнукъым. Адыгэбзэ умыщIэу хабзэри пщIэнукъым жыпIэмэ, а упщIэ дыдэр къыппэщIигъэкъуэнкIи хъунущ: «Дэнэ деж сэ хабзэр къыщысхуэсэбэпынур?»

Егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жылагъуэм дежк1э мыхьэнэ хэха зиIэ ухуэныгъэ инхэмкIэ штабым тхьэмахуэ къэс зэхишэ зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ щIыналъэм щекIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэрызэпэщым, абы ехьэлIауэ зэхъулIэхэмрэ щыIэ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ.