Календарь событий

11 ноября 2022

ЦIыкIу щхьэкIэ, къарууфIэщ

Дунейм тет псэущхьэхэм, хьэпщхупщхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм гъэщIэгъуэн куэд ядыболъагъу. Щхьэж иIэжщ и зэхэлъыкIэ, и сэбэпынагърэ зэраныгъэрэ, и хьэл-щэн. Псалъэм папщIэ, хъумпIэцIэдж фIэкIа инагъ зимыIэми мыхьэнэ иIэщ. 
ХъумпIэцIэдж гуащэ яхэтщ
ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдизкIэ псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ. 
КъарууфIэхэщ

Зэм шынагъуэт, зэм гуфIэгъуэт…

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, «ету» псалъэр пасэрей алыдж псалъэм къытехъукIащ, «мафIэм телъхьэн» жиIэу къокI. Пасэрей зэманым ету папщIэу къагъэсэбэпырт мывэ хьэлъэ упIэщIа. Мывэм щыгъын жьыщIа псыфхэр траубгъуэрти, и гущIыIуми апхуэдэ зы мывэ тралъхьэжырт. УшкIумпIа щIагъуэ имыIэу гъущыжауэ къытрахыжырт. 
Пасэрей Урымым щыпсэуахэм я щыгъынхэр яузэхурт гъущI уадэшхуэкIэ – ушкIумпIахэм уадэмкIэ зыкъомрэ еуэхэрт. Ди эрэм ипэкIэ 4-нэ лIэщIыгъуэм пасэрей алыджхэм я щыгъынхэр яузэхурт гъущIыч гъэплъакIэ. 

ПСЫШХУЭР СИ ГЪУАЗЭУ

Си цIыкIугъуэм къыщыщIэдзауэ сыщIэхъуэпсырт «адыгейкIэ» зэджэхэр (кIахэ адыгэхэр) зищIысыр зэзгъэщIэным, ящыщ гуэрхэм нэIуасэ схуэхъуным, щыпсэу щIыпIэхэм зыщысплъыхьыным. СощIэж, «щIалэ цIынэ» зыхужаIэ ныбжьым ситу, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ къит нэтынхэм, «тедымаи мыр» къысхужаIэу, седаIуэу зэрыщытари. А лъэхъэнэрщ кIахэ псэлъэкIэр дыдейм къызэрыщхьэщыкIым япэу гу щылъыстари, а бзэмкIэ кърагъэт уэрэдхэм, згъэщIагъуэу, едэIуэн щыщIэздзауэ щытари. 

Экономистым и махуэ

Экономистым и махуэр мы гъэм щэкIуэгъуэм и II-м щагъэлъапIэ Урысей Федерацэм. 
А IэнатIэм гулъытэ хэха хуащI щыхъуар I9I7 гъэм къыщыщIэдзауэщ. Абы щыгъуэщ къэралыгъуэщIэм ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариат къыщызэрагъэпэщауэ щытари. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Дзэ къулыкъущIэхэм, къинэмыщI цIыху гупхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ ират социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
I. «Дзэ къулыкъущIэхэм, къинэмыщI цIыху гупхэмрэ абыхэм я унагъуэм щыщхэмрэ ират социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм теухуа Положенэм и 5-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м   Налшык къалэ         №233-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм  унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ Жылагъуэ советым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ Жылагъуэ советым теухуа Положенэм и 3.8-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэгъэхьэн Хиврич Еленэ Владимир и пхъур.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Фэеплъым пщIэ хуащIу

ЩэкIуэгъуэм 8-р Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. Ар ягъэуващ Урысей МВД-м 2017 гъэм гъатхэпэм и 17-м къищта унафэм ипкъ иткIэ. 
Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и «Эльбрус» СОБР-мрэ «Вершина» ОМОН-мрэ къулыкъу щызыщIэхэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэдахэм я мемориалым деж икIи дакъикъэкIэ щымащ. 

Нобэ

Урысейм щагъэлъапIэ Экономистым и махуэр.
Энергиер хъумэным и дунейпсо махуэщ
Щэхуэным и дунейпсо махуэщ
Польшэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
Китайм щагъэлъапIэ фызкъэмышэхэм я махуэр

1905 гъэм Севастополь и хыдзэлIхэм, кхъухь тедзапIэмрэ тенджыз заводымрэ я лэжьакIуэхэм зыкъаIэтат. Абыхэм къагъэувырт я лэжьапIэ IэнатIэхэр ирагъэфIэкIуэну. Правительствэм и унафэкIэ ахэр щэкIуэгъуэм и I5-м зэбграхуащ.

Идар Темрыкъуэ и хъыбар

Къэбэрдеипщ Идар Мэремщауэ и къуэ Темрыкъуэ лIыпIэ иува нэужь, лIыхъужьыгъэрэ гу хьэлэлкIэ лIыгъэ зэрихьэн фIэкIа зэгупсыс зыри щыIэтэкъым. И къуэш нэхъыжь КIэмыргъуокъуэмрэ старшынахэмрэ я унафэм щIэту иджы мамыру псэу адыгэ лъэпкъым япэм зауэкIэ яIыгъа щIыхьыр зэрызэфIигъэувэжынымрэ езым зауэм лIыгъэ щызэрихьэу и цIэp лIыхъужьыгъэкIэ зэригъэIунымрэ абы и псэр дихьэхырт. 

Лъэпкъым и гъуджэ роман

Адыгэхэм ди блэкIам, ди лъэпкъ тхыдэр къызыхэщыж тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ Мэлбахъуэ Елбэрд и къалэмыпэм къыщIэкIа «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» романыр. Ар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм I980 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIауэ щытащ икIи тхылъеджэхэр гуапэ дыдэу абы IущIащ.
«Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» романым къызэщIеубыдэ ди лъэпкъэгъухэм епщыкIуханэ-епщыкIубланэ лIэщIыгъуэхэм (I5I8 гъэм щегъэжьауэ) я псэукIар икIи тхакIуэм абыкIэ тегъэщIапIэ ещI адыгэ IуэрыIуатэм хэт хъыбарыжьхэр, уэрэдыжьхэр, дэфтэр зэмылIэужьыгъуэхэр.