Календарь событий

13 ноября 2022

Бзэм и псэр - щIэблэрщ

Фызэрыщыгъуазэщи, «Си бзэ - си псэ, си дуней» хэгъэгупсо зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэмрэ къуа­жэхэмрэ чэзууэ щокIуэкI.

Шорэ Туркан и вагъуэ

Тырку кином, театрым я актрисэ цIэ­рыIуэ, адыгэ бзылъхугъэ екIу Шорэ Туркан и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 13-м илъэс 75-рэ ирокъу. Зи щIалэгъуэм дахэу щытар, сыт хуэдэ ныбжь нэсми, дахэу къонэж. 

Набжэрыху

ЛIыхъужь хъуну зэи щIэ­хъуэпсакъым Махъсымэ. ­И­ гъу­нэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ    дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзы­лъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къы­хуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр?

ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил я гъуазэу

Урысхэм «Железная» зыфIаща бгым пэгъунэгъу псы хущхъуэхэм я гугъу урысхэм япэу яхуэзыщIар нэ дохутыр цIэрыIуэ Гааз Фридрихщ. Езым и пэ абыхэм ятетхыхьа Паллас Пётр зытепсэлъыхьа псыхэр къилъы­хъуэу, офицерхэми дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ ­къекIуэкIащ Гааз зыкъомрэ. Щэнейрэ Шотландием къикIа чыристан духьэшыхэм я псэупIэ Каррас къыщежьэурэ, Бещто лъэныкъуэкIэ щылъыхъуащ, ауэ игъуэтакъым.