Календарь событий

17 ноября 2022

Сабийхэр ягъэгуфIащ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жьауэм щIэту лажьэ «Узыншагъэр щызэф1агъэувэж еджапIэ-интернат №3»-м сабийхэм я щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, ябгъэдэлъ есэныгъэхэм зезыгъэузэщI тхылъхэр тыгъэу къаIэрыхьащ иджыблагъэ.

Бзэ куэдкIэ псэлъа урыс тхакIуэшхуэхэр

 

Революцэм и пэкIэ нэмыцэбзэмрэ франджыбзэмрэ пщIэныр, урипсэлъэныр Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIт урыс тхакIуэхэм я дежкIэ. Ауэ бзэ куэд пщIэныр, урипсэлъэныр, тхыгъэ ириптхыныр е нэгъуэщI лъэпкъхэм я тхакIуэхэм ятхахэр урысыбзэкIэ зэбдзэкIыныр ехъулIэныгъэшхуэу къалъытэрт. Урыс тхакIуэшхуэхэм яхэтщ бзэ куэд зыщIэхэр. Нэхъыбэми, бзэхэр езыр-езыру яджыжат.

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Эльбрус къуажэм Согаевым и цIэр зезыхьэ и уэрамымрэ Лесная уэрамымрэ ятелъ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж. Иужьрей дыдэу гъуэгум иIэ щыщIэныгъэхэр зэрызэрагъэзэхуэжрэ илъэсипщI дэкIащ. Иджыпсту а уэрамхэм лъэсу ущызекIуэнри машинэкIэ ущызэхэзежэнри шынагъуэ хъуащ.

Латиныбзэр и лъабжьэу

Тыркум хыхьэ Бурсэ къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ «Тырку дунейм щызекIуэну зы алыфбей зэхэлъхьэным теухуа зэхуэс». Ар егъэщIылIат 1932 гъэм щегъэжьауэ ягъэлъапIэ Бзэм и махуэр илъэс 90 зэрырикъум.

«Анэдолэ» тырку агентствэм къызэритымкIэ, Тырку къэралыгъуэхэм я зэгухьэныгъэм хыхьэ хэгъэгухэм латин хьэрфхэр зи лъабжьэ алыфбеищIэ зэхалъхьэну я мурадщ. Зи гугъу тщIы гупым хэтщ Азербайджаныр, Къэзахъстаныр, Къыргъызыр, Тыркур, Узбекистаныр.

Гъуазджэм къыхуигъэщIа цIыху

УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, илъэс 30-м щIигъуауэ республикэ, къэрал театр гъуазджэр зыгъэбей, зи гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмкIэ цIыхубэм ядэгуашэ Батыр Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 65 зэрырикъур иджыблагъэ игъэлъэпIащ. 

ЛъэпкъкIи динкIи шэрджэсу къанэмэ

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэ щIэныгъэр зэфIэувэным жыджэру хэлэжьыхьахэм ящыщ зыщ Сыихъу Сэфарбий (I887-I966 гъгъ.). Абы и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къызэрекIуэкIар зэхуихьэсыжащ щIэныгъэрылажьэ ХьэкIуащэ Мадинэ. 

Тхыдэр щыхьэт зытехъуэ

Нэхъапэм ИорданщIыбкIэ зэджэу щытар Иордан псым къедза щIыпIэхэрщ. ФокIадэм  и 25-м британыдзэхэм, зауэ гуащIэ ирагъэкIуэкIри, Амман яубыдащ. А махуэ дыдэм адыгэ тхьэмадэхэмрэ офицерхэмрэ зэхуэзащ. Тхьэмадэхэм жаIащ Амман тыркудзэхэр зэрыдэмысыжыр икIи зэгурыIуащ мамыру псэу адыгэхэм я гугъу ямыщIыну.

ЩIэныгъэлI Къущхьэбий Анзор и лэжьыгъэм къызэрыхэщымкIэ, иорданщIыбыр инджылызыдзэхэм яубыда нэужь, абыхэм къызэрагъэпэщащ британ кIэлъыплъыныгъэм щIэт автономнэ щIыпIэхэр: Аммани Джэраши дагъэтIысхьащ инджылыз чэнджэщэгъухэр. Ауэ унафэр зыIэщIэлъыр езы щIыпIэм щыщ тхьэмадэхэр арат.

НОБЭ

Студентхэм я дунейпсо махуэщ

Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэщ

         Урысейм щагъэлъапIэ уполномоченнэ участковэхэм я махуэр

         Азербайджаным и гуфIэгъуэщ - Лъэпкъ къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр ягъэлъапIэ

         Армением щагъэлъапIэ дзэ-медицинэ лэжьакIуэм и махуэр

         Къыргъыз кином и махуэщ

         Чехиемрэ Словакиемрэ щагъэлъапIэ хуитыныгъэмрэ демократиемрэ щIэбэныным и махуэр