Календарь событий

23 ноября 2022

ГукъэкIыжхэм ухэзылъасэ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тедзапIэм дызыщыгуфIыкIын тхылъ иджыблагъэ къыщыдэкIащ. Псы хуэлIа гъуэгурыкIуэм псы ткIуэпс зэрыIухуэу къызэрыбэдзэуэжым ещхьу, зэгуэр зи макъ къэIуа тхакIуэщIэм и IэдакъэщIэкIым цIыхухэр зэригъэплъыжат, зэригъэпсэлъат, нэхъыщхьэращи, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм иригъэгупсысыжат. Тобэ ирехъуи, Тхьэм къыхуигъэфэща гъащIэр нэхъ кIыхьу щытамэ, абы къипсэлъэнумрэ къигупсысынумрэ лъэпкъым и къэухьым фIыуэ зригъэIэтынут, и зэхэщIыкIми зригъэубгъунут. ГъащIэ мащIэми, щIэин дахэ къигъэнащ, зыхуебгъэзэкIыу ухэIэбэху зы хьэлэмэт гуэр къыхэбгъуатэу, цIыху зэхущытыкIэхэм хэлъ зэщымыщхъухэм я жэуап къуиту. Зи гугъу сщIыр литературэ уафэ джабэм вагъуэ лыду къитIысхьэу ар къызэщIэзыгъэбла Къанкъул Заурщ. Илъэс Iэджэ дэкIыжащ ар зэрытхэмытыжрэ, ауэ абы и IэдакъэщIэкIхэм къапих хъуэпсым иджыри уагъэхуабэ, псом хуэмыдэу щIалэгур егъэкIыл, гупсысэ къигъэхъуапIэ мэхъу, литературэм зэуэ щыхиша гъуэгу гъэщIэгъуэн дыдэм къекIуэлIэн лъагъуэ къелъыхъуэ…

НОБЭ

♦1965 гъэм СССР-м и Кинематографистхэм я союз къызэрагъэпэщащ.

♦1794 гъэм къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, тхыдэдж, филолог, узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ.

♦1920 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, зэдзэкIакIуэ, щIэныгъэлI КIуащ БетIал.

♦1947 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист, зэдзэкIакIуэ Уэрэзей Афлик къыщалъхуа махуэщ.

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, тхакIуэ ХьэкIуащэ Мадинэ къыщалъхуа махуэщ.

Тхылъым и етIуанэ гъащIэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къаныкъуэ Саадулэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Девушка из Ленинграда» («Ленинград къикIа хъыджэбз») тхылъыр урысыбзэкIэ.

Адыгэ литературэм и Ашэмэз

Уэрэзей Афлик къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 23-м илъэс 75-рэ ирокъу

Лъэпкъыжьым и нэпкъыжьэр уэрэдыжьщи,

Уэрэдыр зи тхьэ лъэпкъыр лъэрытетщ.

  Уэрэзей Афлик.

Мэхэм я зэщIэжьыуэ

Дыхумэр ирапх гукъыдэжым, гукъэкIыжым, гухэлъым, цIыху щхьэхуэм… Куэдым… куэдым. Щхьэж и хьэл-щэным, игу ирихь гъэгъам, фIыуэ илъагъу зэманым - куэдым трещIыхь цIыхум дыху къыщыхихкIэ. Къапщтэмэ, дыху зэхэзылъхьэхэм телъыджэ гуэру зыхащIэу къыщIэкIынущ мэхэр зэхэзагъэу зэрызэхалъхьэнур. Дыхуми езым и хабзэ, и тхыдэ, и къэгъэщIыкIэ иIэжщ.

«Графиня Аиссе» фильмыр ягъэлъагъуэ

АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Аиссе» тхыдэ романымкIэ полнометражнэ художественнэ фильм зэрытрахым теухуа хъыбар мызэ-мытIэу ди газетым тетащ.

Лъэпкъхэр зэзыпх лъэмыжым ущытехьэкIэ

ЕсэнтIыгу къалэ дэт, Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэ тхыдэ-лъахэхутэ музейм «ЩIэин» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI. Абы щагъэлъагъуэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Карасов Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр.

Лъэпкъым и гъуджэ роман

(КIэухыр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 11, 16 къыдэкIыгъуэхэм тетщ.)

Ди газетым и напэкIуэцIхэм дэ къыщедгъэжьащ адыгэхэм ди блэкIар, ди лъэпкъ тхыдэр къызыхэщыж тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зы, Мэлбахъуэ Елбэрд и къалэмыпэм къыщIэкIа «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» романыр зэпкърытхын. 1980 гъэм урысыбзэкIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щыта тхыгъэм тхылъеджэхэр гуапэ дыдэу IущIауэ щытащ.