Календарь событий

26 ноября 2022

Къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и академическэ ансамблым Налшык и Музыкэ къэрал театрым щэкIуэгъуэм и 20-м псапэ хуэщIэу концерт гукъинэж щитащ, Кавказ Ищхъэрэм мы зэманым зэрызыкъыщигъэлъагъуэм и программэм хыхьэу. Ансамблым и ­художественнэ унафэщIыр икIи и дирижёр нэхъыщхьэр ­УФ-м и цIыхубэ артист, генерал-майор Елисеев Викторщ. Концертыр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.

Жэбагъы теухуа хъыбархэр

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыб­лагъэ къыщыдэкIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа тхы­лъыщIэ. Ар зэхэзыгъэувар Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Гъут Iэдэмщ.

Къэрал унафэр даIыгъыу

Урысей Федерацэм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ операцэ хэ­-хар зэрыдаIыгъыр щэкIуэ­-гъуэм и 25-м Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэлъэгъуащ. Абы теухуа пэкIу Налшык ще­кIуэкIащ. Зэхыхьэм хэтащ республикэм щыIэ политикэ партхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэм я унафэщIхэр.

Пщэрылъхэр ягъэбелджылы

Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и унэм щекIуэкIащ гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Пра­витель­ствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэхэу Къуныжь МуIэед, Говоров Сергей, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ инс­пектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат сымэ.