Календарь событий

28 ноября 2022

Лъэпкъым псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьа

Ди газетым хъыбар зэрытетащи, Анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы пэублэу икIи убгъуауэ къыщыпсэлъащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Езауэ Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зи лэжьыгъэр бзэм егъэщIылIа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр. 

Гъуазджэми щIэныгъэми зэфIэкI щызиIэ

ИскусствоведенэмкIэ доктор, КъБКъУ-м архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и унафэщIым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ, институтым и кафедрэм и доцент, УФ-м и СурэтыщIхэми Дизайнерхэми я союзхэм, Дизайнерхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм хэт, «Шэрджэс дуней», «Нартиада», «Дэрбзэр» зэпеуэхэм я къэпщытакIуэ гупым я унафэщI Къанокъуэ ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIа нэгъуей лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр ЕсэнтIыгу щекIуэкI выставкэм щагъэлъагъуэ. 

ХьэцIыкIу Миланэ къигъэщIэрэщIэжа IэщIагъэ

КIуэ пэтми я щIэупщIэр хохъуэ ятIагъуэ гъэжьам (керамикэм) къыхэщIыкIа хьэпшыпхэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, куэди щIэхъуэпсырт а IэщIэгъэр зрагъэгуъэтыну. Ар къилъытауэ арагъэнщ апхуэдэ школ ди республикэм япэу къыщызэIузыха ХьэцIыкIу Миланэ. 

Дыщэр дэнэ къикIа?

Дыщэр Менделеевым и таблицэм 79-нэу итщ. Дыщэу дунейм къыщыщIахыр куэд дыдэу пхужыIэнукъым, нэгъуэщI мывэ, гъущIыкIэ лIэужьыгъуэхэм еплъытмэ. Дыщэр къызэрагъэунэхурэ псори зэхэту къыщIахам хуэдиз зы махуэм гъущIу къыщIах, хуэгъэфэщауэ къэббжмэ. 

Спортыр наркотикым пэщIэтщ

«Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум хыхьэу «Спортыр наркотикым пэщIэтщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ республикэ зэпеуэ, 2007 - 2009 гъэхэм къалъхуахэр хэту. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм. 
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым утыкум къихьэнухэм захуигъэзащ Управленэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэмкIэ и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ. 

ПсымкIэ къызэрагъэпэщ

Къулъкъужын Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ зэхэту псыр зрикIуэ бжьамийуэ километри 7-м нэблагъэ щызэрагъэпэщыж. 
Абы хиубыдэу Къулъкъужын Ипщэм и псы ежэххэм пэгъунэгъу бжьамийуэ километри 2,5-м нэблагъэ, Къулъкъужын Ищхъэрэм километри 4-м щIигъу щахъуэжынущ, зыхуей хуагъэзэнущ псы зэхуэхьэсыпIэхэр. 
Яубла Iуэхум и фIыгъэкIэ къуажитIми цIыху мини 4-р псыкIэ къыщызэгъэпэща хъунущ. Апхуэдэу мы гъэм Куба псы къыщIэшыпIэщIэ щаухуэнущ. Мы къуажэм дэсхэр илъэс куэд щIащ псы зэфэнумкIэ гугъу зэрехьрэ, уеблэмэ махуэ къэс зэрыIэбэну псыр уэшхыпсу щызэхуахьэси къэхъуу.

Си хъуреягъым я псэ

СызэрыцIыкIурэ бгым къыщыскIухьын сфIэфIт. Ар зыгуэрым жесIэмэ, къысщыдыхьэшхынкIэ сышынэрти сыбзыщIырт, ауэ сэ бгыхэм къыщыскIухь къудейтэкъым, сэ абыхэм сепсалъэрт. Ар зыхэзымыщIам къыгурыIуэнукъым а Iуащхьэ лъагэхэм я губзыгъагъымрэ абыхэм яхэлъ къарум я инагъымрэ. 

Мазэм къигъэщIар

Германием и Мюнстер къалэм дэт университетым и къэхутакIуэхэмрэ Кёльн щыIэ Нэмыцэ аэрокосмос центрым уафэщIхэр джынымкIэ и геофизикхэмрэ математикэ щIэныгъэм и IэмалыщIэу къагупсысам иригъуэза иужькIэ, ЩIы Хъурейм къыдэгъуэгурыкIуэ Мазэм и ныбжьыр алъандэрэ къызэралъытэу щытам нэхърэ илъэс мелуан 85-кIэ нэхъ мащIэу къыщIрагъэдзыжащ. Абы теухуа тхыгъэ къыщыхьащ Science Advances журналым. 

Адыгэ бзылъхугъэм и IуэхущIафэхэр

Бжьэдыгъу Аксанэ «Нарт» бухгалтер IуэхущIапIэм и унафэщIщ, «Лашын» бзылъхугъэ хасэм и гуащэщ, адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIу зэрипщэфIымкIи куэдым къацIыху. 

НОБЭ

ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ
1926 гъэм
къалъхуащ Къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.
1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрий.
1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, «Къэббалъкъремстрой» ОАО-м и унафэщI ГъуаплъащIэ Алексей.