|
Календарь событий
29 ноября 2022
29 ноября, 2022 - 19:30
Мы тхыгъэм ипэ къихуэу сытетхыхьат Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм пщэдджыжьым жьыуэ лъакъуэрыгъажэм сытесу сыкъыдэшэсыкIыу а жылэр зыбгъэдэс Лабэ псы абрагъуэм сыбгъурыту ипщэкIэ, къуршхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ, зэрыдэзгъэзеяуэ щытам.
29 ноября, 2022 - 18:24
Катарым щокIуэкI футболымкIэ дуейпсо чемпионатыр. ЗанщIэуи гурыIуэгъуэ хъуащ ар нэхъ къаугъэшхуэ къызэрыкIа апхуэдэ зэхьэзэхуэу тхыдэм къызэрыхэнэнур. Псом япэу гурыIуэгъуэкъым планетэм и спорт зэхыхьэ нэхъыщхьэр мы къэрал цIыкIунитIэм щIахьар. Егъэлеяуэ зэрыкъулейр ара? Арагъэнущ, ауэ депIэщIыкIынкъым.
КъухьэпIэр къыщIыхуэдзэлашхэм и щхьэусыгъуэр мис а Катарыр газ и лъэныкъуэкIэ США-м къыхуигъэувар зэримыгъэзэщIам нэхъыбэу халъагъуэ. АрщхьэкIэ абы и закъуэкъым: нэгъуэщIхэри щыIэщ.
29 ноября, 2022 - 17:55
1972 гъэм нэмыцэ бзылъхугъэ Сейдер Вероникэ метр 1600-кIэ пэжыжьэ цIыхухэм я теплъэр IупщIу къилъагъуфащ. Ар тIощIкIэ нэхъыбэщ цIыху къызэрыгуэкIым къилъагъуфынум нэхърэ. Сейдер Гиннессым РекордхэмкIэ и тхылъым итщ дунейм нэхъ нэ жан дыдэ зиIэ цIыхуу. Апхуэдэу егъэлеяуэ нэ жан цIыху псоми яIэу щытами, нэхъри нэхъ гъунэгъужу, нэхъ IупщIыжу зэралъэгъунум и ужь итынут цIыхухэр, Iэмалхэр къагупсысу.
29 ноября, 2022 - 17:55
«Адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм яхуэгъэза Iуэхухэр щызэхуэхьэса республикэ банкым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым ехьэлIауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и
Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
29 ноября, 2022 - 15:55
Шахэ псышхуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ Беикъуэпсрэ Бушийрэ къыщыхэлъадэкIэ, а щым я зэхуаку къыщыунэху хуей зэхуэщимэ-зэпэплIимэм итщ ар. КIахэ адыгэхэм а щIыпIэм щхьэкIэ ноби «Бабыкъу къуажэ»жаIэ.
ФIЭЩЫГЪЭР языныкъуэхэми «Бабыкъуэ» унагъуэцIэм къытехъукIауэ къалъытэ, мыдрейхэми ар «Бабыкъу» цIыхухъуцIэм къытепщIыкIауэ жаIэ.
29 ноября, 2022 - 14:41
«2022 гъэм и мафIэсгъэункIыфI инструктор нэхъыфI» еплъыныгъэ-зэпеуэ екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм и профилактикэ гупхэм я инструкторхэр.
29 ноября, 2022 - 12:28
КъБР-м и щыхьэрым щатащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и регистрационно-экзаменационнэ къудамэр щылэжьэну унэщIэр.
Iуэху гуапэм хэтащ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ къудамэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед.
29 ноября, 2022 - 12:28
«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум хыхьэу Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Налшык дэт курыт еджапIэ №29-м и школакIуэхэм. СтIол хъурей щытыкIэм тету екIуэкIа зэIущIэм полицейхэр щытепсэлъыхьащ наркотикхэм зэраныгъэу пылъым, хабзэншагъэкIэ ар зыщэхэр жэуапым зэрырашалIэм.
ЕджакIуэхэм жаIащ спортым зэрыдихьэхыр, ар еджэныгъэми сэбэп къазэрыщыхуэхъур. Апхуэдэуи къахуеблэгъахэм яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэмкIэ зыхуагъэзати, жэуап зэпкърыха къратыжащ.
29 ноября, 2022 - 10:35
Дыгъэгъазэм и 1-м щыщIэдзауэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэм цIыхум щIат уасэм хэхъуэнущ: электрокъарум, псы щIыIэмрэ хуабэмрэ, газым, унэхэр къызэрагъэплъ хуабэм, кIэрыхубжьэрыхухэр дэшыным.
29 ноября, 2022 - 10:35
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и деж балигъ мыхъуахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ комиссэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-м Налшык къалэ №244-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
29 ноября, 2022 - 09:00
Палестинэ лъэпкъыр дэIыгъыным и дунейпсо махуэщ.
1917 гъэм Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ «Адыгэ макъ» газетым и япэ номерыр къыдагъэкIащ.
1924 гъэм къызэрагъэпэщащ Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ Урысейпсо зэгухьэныгъэр.
1953 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Хьэмхъуокъуэ Руслан.
1952 гъэм къалъхуащ Шэрджэс сурэтыщI-живописец Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд.
29 ноября, 2022 - 08:01
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн
|