Календарь событий

30 ноября 2022

ЦIыргъуш мыхъур

Тхыбзэр къызэрежьэу, дэфтэрхэмрэ письмохэмрэ мыхъур трагъауэу хуежьащ. Зи тхыгъэхэм дамыгъэ тезыщIэну япэу зигу къэкIар шумерхэрщ. Тхыпхъэ зыхэщIыхьа мывэ цилиндркIэ ятIагъуэм дамыгъэ тращIэрт. Ауэ ятIагъуэр щэбэIуэт мыхъур къыхэпщIыкIынкIэ. Курыт лIэщIыгъуэхэм пащтыхьхэм я Iэлъынхэм тет сурэтхэмкIэ дамыгъэ тращIэрт шэхум. 

И IэщIагъэм иринасыпыфIэщ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Музыкэ къэрал театрым и уэрэджыIакIуэ Къалэбэч Иринэ республикэм исхэм фIыуэ ялъагъухэм. 

Сабуни Мажд Альдин: «Адыгэм и уэрэдыжьхэр ирепсэу»

Kavkaz Musik проектым хыхьэу, уэрэджыIакIуэ Сабуни Мажд Альдин япэу утыку кърихьащ лъэпкъ тхыдэ дахэ къызыдекIуэкI, XIX-нэ лIэщIыгъуэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, 1810 гъэм ятха «Бабыгу Жанхъуэт» адыгэ уэрэдыр. 

Iумахуэ и дэшхуейхэр

Ди гъунэгъу Сэрэж дадэ хъыбар жебгъэIэжу убгъэдэсыныр куэд и уасэщ. Абы имыщIэр укIуэдыж, жыхуаIэм хуэдэщ. 

Артист ныбжьыщIэ

Налшык дэт Музыкэ театрым и артист Теунэ Джэмал ныбжькIэ щIалэми, и зэфIэкIхэмкIэ цIэрыIуэ хъуащ. ГИТИС-м артистхэр щагъэхьэзыр и къудамэр къиухри зы зэманкIэ Теунэр щылэжьащ Москва дэт «Кураж» театрым. 
Нарткъалэ къыщалъхуа щIалэщIэр зэрыадыгэпсэр и утыку итыкIэм, игъэзащIэ уэрэдхэм къыбжаIэ. Джэмал ящыщщ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэр хабзэм тету езыгъэкIуэкIхэм, жыпIэнурамэ, иджырей джэгуакIуэхэм. 
Теунэм иджыблагъэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзати, къыджиIахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.

Галилей Галилео къигупсысахэр

Итальян щIэныгъэлI, физик, математик, астроном, механик Галилей Галилео Италием и Пизэ къалэм 1564 гъэм къыщалъхуащ.

НОБЭ

Компьютерхэмрэ абыхэм илъ хъыбархэмрэ хъумэным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэ псэущхьэхэм я дунейпсо махуэщ
1571 гъэм
Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (Марие и адэр) дунейм ехыжащ.
1922 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Шэшэн автономнэ областыр.
1968 гъэм Гагарин Юрий и Дыщэ медаль ягъэуващ.
1993 гъэм УФ-м и Президент Ельцин Борис и унафэкIэ Урысейм и гербу къащтэжащ щхьитI зыфIэт бгъэм и теплъэр зытетыр.

ХэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм яхуэкIуащ

Анэм и махуэр сыт щыгъуи Iэтауэ щагъэлъапIэ ди къэралыи. Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм гулъытэншэу къигъэнакъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэр. Абыхэм зыщIагъэкъуащ, ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ. 

Тхыдэр зыхъумэ тхылъхэр

ЩIэныгъэм и гъуэгум лъэбакъуэ инхэр хэзычэ цIыхухэм я хамэкъым тхылъ Iущхэр. Пэжри пцIыри щызэхэшэпсыхьа интернет хъыбархэр нобэкIэ куэд хъуами, укъэзымыгъэпцIэжынур, щIэныгъэм и лъыхъуакIуэ цIыхум ныбжьэгъуу къыхуэнэр тхылъхэрщ. Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм хэтщ лъахэхутэмкIэ къудамэ. Сыт хуэдэ абы и лэжьэкIэр, сыт щахъумэр? Абыхэм нэIуасэ дахуищIащ илъэс куд хъуауэ абы щылажьэ, зи лэжьыгъэми фIыуэ хэгъуэзэну хунэса Безыр Ленэ.

УФСБ-м къет

Сом мелуани 8-м щIигъу

 
Экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Фадеев А. А. 1925 - 1926 гъэхэм щыпсэуа икIи «Разгром» романым щелэжьа унэ» щэнхабзэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щыщрагъэкIуэкIым бюджет ахъшэу сом мелуани 8,2-м щIигъу зэрадыгъуар. 

Ди гулъытэ хуэныкъуэхэм ятеухуауэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и Советым и зи чэзу зэIущIэ зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ щIалэгъуалэм щIэныгъэ, IэщIагъэ егъэгъуэтыным, лэжьапIэ къахуэгъуэтыным теухуа щIыналъэ программэр зэрагъэзащIэм.
 

ЗэIузэпэщ ящI

Налшык и лъэс зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лъэжьыгъэхэм пащэ.