|
Календарь событий
06 февраля 2023
6 февраля, 2023 - 16:45
(22.07. 1914 - 29.01. 2001)
Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,
Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.
Гъатхэ жылэу сахъумауэ
6 февраля, 2023 - 16:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм щеджэ цIыкIухэм дяпэкIэ Iэмал яIэнущ финанс щIэныгъэм епхауэ къызэрагъэпэщ пэIудза дерсхэм хыхьэну. КъБР-м и Лъэпкъ Банкым хъыбар къызэритымкIэ, финанс щIэныгъэмкIэ гъатхэм къыхалъхьэну пэхуэщIэм (проектым) хыхьэфынущ 8 - 11-нэ классхэм щеджэхэр, КъБР-м IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щрат колледжхэмрэ техникумхэмрэ щIэсхэр.
6 февраля, 2023 - 16:00
Музыкэ театрым и оркестрыр лъэщщ, иджыпсту цIыху 35-38 хэтщи, мыр мыхьэнэншэщ, зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хищIыкIыркъым хужыпIэну зы цIыхуи щылажьэркъым. Илъэс куэдкIэ абы и дирижёр нэхъыщхьэу щыта Щэбэтыкъуэ Натбий иужькIэ а къулыкъур хуагъэфэщауэ зыхуей хуэзэу зэрехьэ Щэбэтыкъуэ Заур.
6 февраля, 2023 - 15:30
КъБР-м и Музыкэ театрым и гугъу щащIкIэ, и лэжьакIуэ щхьэхуэхэм я цIэ фIыкIэ къыщраIуэкIэ щIыбагъымкIэ къыдэнэ и IэнатIэхэм ящыщ зыщ артистхэр утыку къызэрихьэ щыгъынхэр щад цехым и IэпщIэлъапщIэхэр. Цехым и унафэщI Iэджырэ Иннэ, дэрбзэрхэу Казанцевэ Иринэрэ КIэрэф Iэминэрэ гугъу зыдемыхьа зы щIыIуни IуэхущIапIэм щIэлъкъым жыпIэкIэ ущыуэнукъым.
6 февраля, 2023 - 14:55
Фор шхыныгъуэ хьэлэмэту зэрыщытым и мызакъуэу, хущхъуэгъуэ папщIэуи къагъэсэбэп. Фор лIэужьыгъуэ зыбжанэу зыщхьэщедз. Ар зыхуэдэр елъытащ щагъэхьэзыра щIыпIэмрэ бжьэм IэфIыр къызыпих къэкIыгъэхэмрэ. Бжьахъуэхэр щыгъуазэщ фор нэхъыбэрэ зэрыпхуэхъумэнумрэ хущхъуэ папщIэу къызэрыбгъэсэбэпынумрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыдрейхэм ди тхыгъэр куэдкIэ сэбэп яхуэхъунущ.
6 февраля, 2023 - 13:56
Урым Пащтыхь Нерон и анэ Агриппинэ НэхъыщIэм гъащIэ гугъу къигъэщIащ, хьэлъэуи дунейм ехыжащ. Нерон пащтыхьыгъуэм къэзышэсари тезыгъэувари Агриппинэщ, и быным щхьэкIэ сытри ищIэну хьэзыру щытами, ар зыIэщIэкIуэдэжар и къуэращ.
6 февраля, 2023 - 13:00
Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэр. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Джубгэ (Жьыубгъу) зыфIащари. ФIэщыгъэр къызытехъукIам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.
6 февраля, 2023 - 12:55
19 - 20-нэ лIэщIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэм адыгэ литературэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр нэхъыбэу лъэпкъ щIэныгъэлIхэм зрапхыр Ахъмэтыкъуэ Къазбэч и творчествэрщ. Литературэм зэрыщылэжьа зэман кIэщIым зи жанркIэ зэпэжыжьэ публицистикэ, художественнэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ абы.
6 февраля, 2023 - 12:45
Жыг щхьэкIэм абгъуэ тезыщIыхьа къуаргъым шыр цIыкIуих къришати, гуфIэгъуэ иIэт. Анэ гумащIэм темыпыIэу цIыкIухэм шхын къахурихьэлIэрт.
6 февраля, 2023 - 12:35
Мазаем и 6, блыщхьэ
♦ЦIыхубзхэм я узыншагъэм зэран хуэхъу операцэхэр емыгъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ
♦1918 гъэм Урысейр григориан махуэгъэпсым зэрыхуэкIуэм теухуа декрет къыдэкIащ.
♦1935 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым Советхэм я VII съездым и делегатхэм папщIэ Москва и Театр Иным концерт щитащ.
♦1923 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Тэмазэ Маржэнэт.
|