|
Календарь событий
10 февраля 2023
10 февраля, 2023 - 17:30
ЩIыдагъэр димыIэу ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым. Абы цIыхум гъэсыныпхъэм щыщIэдзауэ хущхъуэхэм щиухыжу куэд къыхещIыкI. АтIэ, дэнэ ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум щIым къыщIиш гъэсыныпхъэ нэхъыщхьэр къыздикIар, абы куэдрэ дрикъуну?
10 февраля, 2023 - 16:50
2022 гъэм и бжьыхьэ сессием и лъэхъэнэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Урысей Федерацэм и сенатор - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ Ульбашев М.М къыхилъхьа информацэм и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
2022 гъэм и бжыхьэ сессием и лъэхъэнэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Урысей Федерацэм и сенатор - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ Ульбашев М. М. къыхильхьа информацэр къэлъытэн.
Налшык къалэ
10 февраля, 2023 - 16:45
Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ 2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм ятеухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
10 февраля, 2023 - 16:44
2023 гъэм Урысейм щыпсэу цIыху мини 2,5-м щIигъум федеральнэ бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ унэ къызэращэхуну сертификатхэр иратыфынущ. Абы теухуа дэфтэрым Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил.
Абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм Iэмал яIэщ я псэукIэр ирагъэфIэкIуэну е фэтэрыщIэ къаIэрыхьэну.
10 февраля, 2023 - 16:44
ХамэщI щIыпсэу адыгэхэм яхэтщ усыгъэкIэ бзэр зыхъумэ. Хэкум къыхуэпабгъэ гум зэшыгъэм и гуауэр щызэтрехьэри, ар усэбзэм щIогъуалъхьэ. Хэкурщ ахэр нэхъыбэу зыхуэусэр…
Хэкум и макъыр зэм щабэу, зэм губжьауэ къыхоIукI ЩIэжьокъуэ Зафэр и усыгъэм. Зафэр Хэкум хуиIэ гурыщIэхэр къыщигъэлъагъуэу итхащ усыгъэ тхылъитI. «Гум къыпыткIухэр» абы и усэ тхылъым къыкIэлъыкIуащ «Сэ иджыри сы - ИстамбылакIуэщ» зи фIэщыгъэр. «Хэкупсэу, зи гъащIэр хэку гъэзэжыным щIэзыта къуэш лъапIэ Тыжь Илкай и фэеплъу…» тритхащ етIуанэ тхылъым.
10 февраля, 2023 - 16:43
Псоми яцIыху мысыр щимэхэм я закъуэкъым пирамидэу дунейм тетыр. Ахэр къыщагъуэтыж Антарктидэм, Америкэм, хы лъабжьэм. Зэгуэр уей-уей жригъыIэу пасэрей цIыху телъыджэхэм я Iэужьу нобэм къэса а ухуэныгъэхэм ящыщщ Дыгъэм и Щимэу Теотиуаканыр.
10 февраля, 2023 - 16:40
ЩIы Iыхьэхэр зы лIэужьыгъуэм къыхагъэкIыу нэгъуэщI лIэщIыгъуэм хэгъэхьэным теухуауэ
2023 гъэм мазаем и 3-м Налшык къалэ №11-ПП
10 февраля, 2023 - 16:16
Налшык къалэ администрацэм гъуэгу хозяйствэмрэ къалэр зэIузэпэщ щIынымкIэ и Дапартаментымрэ подряднэ организацэхэмрэ я IэщIагъэлIхэр шылэр икIыху гъуэгухэм хуэбэлэрыгъынукъым.
10 февраля, 2023 - 15:55
Ислъэмей дэт курыт еджапIэ №4-нэм щекIуэкIащ XVIII районпсо «Эврика» щIэныгъэ - практикэ конференц. Ар хуэунэтIат творческэ зэчий зыбгъэдэлъ еджакIуэхэр къэгъэнэIуэнымрэ щIэныгъэ - къэхутэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэнымрэ.
IыхьитIу гуэшауэ екIуэкIа зэIущIэм щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м нэс щагъэлъэгъуащ. ЯпэщIыкIэ «заочнэ» мардэм тету къыхаха лэжьыгъэ нэхъыфIхэрщ конференцым щагъэлъэгъуар.
10 февраля, 2023 - 15:44
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым ЩIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу щагъэлъагъуэ абы и егъэджакIуэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ я щIэныгъэ лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ хабзэ хъуауэ къэралым и щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкI урысейпсо Iуэхум хыхьэу.
10 февраля, 2023 - 15:35
Къалэм хуиту дэт хьэхэмрэ цIыхухэмрэ хуэмурэ зэсэжащ жыпIэнщ, зэбгрыукIуриикIауэ жыг щIагъхэм, газонхэм, лъэс зекIуапIэхэм, псы хуабэ зрикIуэ бжьамийхэм ящхьэщыт люкхэм щыжей хьэ гупхэр щыплъагъукIэ. Абыхэм яхэтщ волонтерхэм я нэIэм зэрыщIэтыр наIуэу, «бирка» цIыкIухэр зи тхьэкIумэм илъхэри. Псом нэхъ гъэщIэгъуэнщ абыхэм гъуэгу зэпрыкIыпIэм уащыкIэлъыплъыныр; светофорхэм зэрынэсу къоувыIэри щытщ, цIыху гъусэ къахуэхъуным пэплъэу. Удзыфэр зэрыпынэххэу Iэдэбу цIыхухэм яхоувэри зэпрокI. Ахэм я ныби ныкъуэкъым. КIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэхэм щхьэхуэу щагъэув ерыскъыхэкIхэм къуэлIыкIынукъым.
10 февраля, 2023 - 15:33
Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм кадрхэмрэ гъэсэныгъэмкIэ, социальнэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и «Школ-интернат № 1»-м и 9 - 11-нэ классхэм щIэсхэм драгъэкIуэкIащ хэкупсэ гъэсэныгъэмрэ щIалэгъуалэр IэщIагъэр къыхэхыным хуэущиинымкIэ Iуэху щхьэпэ.
10 февраля, 2023 - 15:22
Къэрал Автоинспекцэм и лэжьакIуэхэр Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ инспектор ныбжьыщIэхэмрэ ящIыгъуу щыIащ Тэрч къалэм дэт Прогимназия №1-м зи школ кIуэгъхуэ мыхъуа и гъэсэнхэм я деж. Абыхэм а цIыкIухэр щыгъуазэ ящIащ Гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм.
10 февраля, 2023 - 12:45
Атлетикэ псынщIэ
Токио Олимп джэгухэм я чемпион щыхъуа Ласицкене Марие щытекIуащ Озолин Николайрэ Дьячков Владимиррэ я фэеплъу Москва щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм.
ДэлъеинымкIэ Ласицкене бжьыпэр иубыдащ - метр 1,96-рэ лъагапIэр къищтащ. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ Кочановэ Марие (м 1,88-рэ), Ярышкинэ Александрэ (м 1,85-рэ) ещанэщ.
10 февраля, 2023 - 12:40
Красноярск къалэм дэт «Радуга» спорт комплексым щекIуэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Назаров Владимир и фэеплъу къызэрагъэпэща урысейпсо зэхьэзэхуэ. ДзюдомкIэ зэпеуахэм яхэтащ зи ныбжьыр илъэс 23-м нэмыса, Урысейм и щIыналъэ 25-м щыщ спортсмени 160-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменищ а зэхьэзэхуэм хэтати, щыри къыхэжаныкIащ. Къуэдз Къантемыр (кг 66-рэ), Хьэжмэт Къантемыр (кг 81-рэ), Гаев Умар (кг 100) сымэ дыжьын медалхэр къахьащ. Абыхэм Iэмал ягъуэтащ Екатеринбург щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.
10 февраля, 2023 - 12:35
Дзюдо
Санкт-Петербург и «М-1 Арена» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Хэку зауэшхуэм и зэманым Ленинград къэухъуреихьыныгъэм къызэрикIрэ илъэс 79-рэ щрикъум хуэгъэзауэ къызэрагъэпэща спорт зэхьэзэхуэр.
Зэпеуэхэр къызэрагъэпэщат алыдж-урым бэнэкIэмкIэ, бэнэкIэ хуитымкIэ, самбэ, дзюдо, джиу-джитсу спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ. Абыхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ илъэс 12 - 16 зи ныбжь, Урысейм и щIыналъэ 20-м икIа спортсмен 1000-м нэблагъэ.
10 февраля, 2023 - 12:30
Самбэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэхэм щыпсэухэм самбэмкIэ я зэхьэзэхуэ.
10 февраля, 2023 - 12:00
Мазаем и 10, мэрем
♦УФ-м щагъэлъапIэ дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
♦1883 гъэм къалъхуащ Кавказ Ищхъэрэ совет республикэм и гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта Куэцэ Пщымахуэ.
♦1890 гъэм къалъхуащ узэщIакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактору щыта, «Адыгэбзэ» тхылъыр зэхэзылъхьа Хъуран Батий.
♦1917 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий.
|