|
Календарь событий
11 февраля 2023
11 февраля, 2023 - 12:28
Тыркумрэ Сириемрэ къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэм дуней псор кIэлъоплъ, ирогузавэ, сэбэп зэрыхъуфын щIыкIэхэр къагупсысурэ зыхуэныкъуэхэр ирагъашэ, къегъэлакIуэхэр щызэхуос. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдауэ къагъуэтыжым я бжыгъэр сыхьэт къэс нэхъыбэ мэхъу, кърагъэлхэр нэхъ мащIэми, зы цIыхущхьэм ущымыгуфIыкIыу къанэркъым.
11 февраля, 2023 - 12:00
Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыпсэу лъэпкъ интеллигенцэм, адыгэм щыщу абы и гуащIэм щыгъуазэ дэтхэнэми и гум щIыхьащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Гъуэт Хъусин дунейм зэрехыжар. Ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я хэщIыныгъэшхуэщ зи ныбжьыр илъэс 81-м иту иджыблагъэ тхэкIыжа нэхъыжьыфIыр.
11 февраля, 2023 - 11:00
Налшык къалэм и полицейхэм къалэ школхэм щеджэхэм лIыгъэм и дерсхэр драгъэкIуэкI. Мурад нэхъыщхьэр хэкупсэу щытыныр, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуныр яхэпщэнырщ.
11 февраля, 2023 - 10:35
КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Зэхуэ-асыр теухуат республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм.
11 февраля, 2023 - 10:00
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр щызэпкъраха зэIущIэ.
11 февраля, 2023 - 09:10
КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIа зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр.
|