МащIэ къигъэщIами, куэд зыхузэфIэкIа, зи цIэр мыкIуэдыжын, цIыхубэм я мамыр гъащIэмрэ къэрал хабзэмрэ хахуэу ихъумэу щIэпхъаджащIэхэм я шэм зи гъащIэр ихьа адыгэ щIалэ нэсщ мы тхыгъэр зытеухуар. Псэужам, абы и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирикъунут.
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ иригъэкIуэкIа Урысейпсо къыхэтхыкIым кърикIуахэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ цIыхубэм я пащхьэ кърилъхьэжын иухащ 2022 гъэм и кIэм. Мызыгъуэгум Iуэхур нэхъ тыншу икIи псынщIэу зэфIагъэкIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр къагъэсэбэпкIэрэ. КъыхэтхыкIым къыхаша волонтёрхэр сэбэп хъуащ планшетхэм унагъуэхэм я хъыбархэр иратхэну. Апхуэдэуи «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» сайтымкIэ зебгъэтх зэрыхъур куэдкIэ къахуэщхьэпащ.