Календарь событий

15 февраля 2023

ЩIыхуэхэм фахуэсакъ

Мазаем и I4-м дуней псом щагъэлъэпIащ Интернет шынагъуэншагъэм и махуэр. Абы теухуат Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэр.

Лагъым къыщымыуэ щIыналъэр жэнэтщ

ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис Мустэфа и къуэр илъэс бжыгъэ куэдкIэ комсомол, парт лэжьыгъэхэм пэрытащ. 1980-1991 гъэхэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым секретару, етIуанэ секретару, япэ секретару щылэжьащ. 1985-1986 гъэхэм КПСС-м и ЦК-м и чэнджэщэгъуу Афганистан Республикэм щыIащ. КПСС-м и съездищым, ВЛКСМ-м и съездищым лIыкIуэу хэтащ.

Псэущхьэ гъэщIэгъуэн

Сабий усэхэм, таурыхъхэм тхьэкIумэкIыхьыр шынэкъэрабгъэу куэдрэ щыжаIэ. Ар уи фIэщ пщIы хъунукъым. Абы щыхьэт тохъуэ Коммодов Геннадий а псэущхьэ цIыкIум триухуа тхыгъэр.

Уи напэр къабзэу улажьэмэ

Тыркум къыщыхъуа щIыхъейм и гуащIэгъуэм хиубыда, Хатай щIыналъэм хыхьэ Эрзин къалэм зыри щыхэкIуэдакъым, фэбжьи щигъуэтакъым, зэрыщыту къекъутэха уни яIэкъым. А псор илъэсиплI ипэкIэ къалэтету хаха, и IэщIагъэкIэ уэчыл Эльмасоглу Оккеш и фIыгъэу къалъытэ.  

Испы-унэм къыщIагъуэтащ

ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Нэрылъагъу (материальнэ) щэнхабзэм и тхыдэмкIэ и институтым иджыблагъэ хъыбар гъэщIэгъуэн зэбгригъэхащ. Ар ехьэлIащ Санкт-Петербург щыщ археологхэм домбеякъ лIэщIыгъуэхэм псэуа цIыхухэм я хьэдэкъупщхьэхэмрэ укъызэмыджэжыф хъуа тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет мывэ джафэ хъуреймрэ зыщIэлъ испы-унэ телъыджэ КъухьэпIэ Кавказым къызэрыщагъуэтам.

Зи фэеплъыр уахътыншэхэр

Мазаем и 15-р Афган зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ.  Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мы гъэм илъэс 34-рэ ирокъу. Языныкъуэхэм зэратхымкIэ, Амударья (Термез къалэм) псыежэхым иужьрей дыдэу къызэпрыкIыжат генерал-полковник, гупым я унафэщI Громов Борис. Ауэ ипэжыпIэкIэ Афганистаныр иужьрейуэ къэзыбгынауэ щытар гъунапкъэхъумэхэрщ,  советыдзэхэм я щIыбагъым къыдэту. А Iуэхугъуэм Совет Союзым дежкIэ къигъэлъагъуэр зыт – илъэсипщIым нэблагъэкIэ екIуэкIа, совет цIыху мин 15-м зи гъащIэр зыхалъхьа Афган зауэр иухауэ арат.

ЖьэрыIуатэбзэм и къарур щIокI

ПщIэ зыхуэсщIу мы тхыгъэм еджэну мурад зыщIа си ныбжьэгъу, цIыхубэр къэзыцIэла узыфэу нобэ сызытетхыхьынур уэр дыдэм къоузми пщIэркъым! Сыт хуэдэ цIыхуми фIэфIынукъым ар мыузыншэу къыщIебгъэдзмэ, ауэ дэтхэнэми зыхуэсакъыжыныр и къалэнщ.

ХъыбарегъащIэ

«Псори ТекIуэныгъэм папщIэ!»

         Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ псапэ телемарафон КъБР-м и Музыкэ театрым мазаем и 17-м сыхьэт 14-м щыщIэдзауэ сыхьэт 18 пщIондэ щекIуэкIынущ.  Iуэхур къызэригъэпэщащ урысейпсо цIыхубэ фронтым, зауэ операцэм щыIэ щIалэхэм зэрадэIэпыкъуну ахъшэ зэхадзэн папщIэ.

          Абы хыхьэу республикэм и артист цIэрыIуэхэм концерт ятынущ. Псапэ Iуэхум QR код хэхамкIэ фыхэтыну Iэмал щыIэщ. Абы хыхьэу къыхахыну ахъшэмкIэ зауэ операцэм щыIэхэр зыхуэныкъуэхэм хухахынущ.

НОБЭ

Мазаем и 15, бэрэжьей

♦Лышх узыфэр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ

♦Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ зи къалэн зыгъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр

♦1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.

♦1932 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ сурэтыщI-скульптор Къалмыкъ Фёдор.