Календарь событий

16 февраля 2023

Зи щIэщыгъуэ имыкI тхылъ

«ГъащIэр матэ щIэдзакъым», – жиIащ адыгэжьым. ЦIыху гъащIэм фIыри ери щызэблокI, дэтхэнэми хэкIыпIэрэ кIуапIэрэ къахуэгъуэтын хуейуэ. ГъэтIылъарэ телъэщIа защIэу гъащIэр екIуэкIыу щытамэ, щIэщыгъуи гуфIэгъуи щыIэну къыщIэкIынтэкъым, цIыхум ущие къызыхихыни къэхъунтэкъым. Хэти зогуакIуэ, мафIэ лыгъейм хисхьэу, хэти я гъащIэ гъуэгур зэбгъэдокI, я зэхуаку къыдэхъуа Iуэхугъуэхэм афIэкIа гъунэгъу зэхуимыщIыжыну, ауэ щыIэщ зи щыуагъэхэр игъэзэкIуэжмэ нэхъ къэзыщтэу куэд дыдэм тегушхуэхэри. 

Джэгуэщ – псыкъелъэу 33-м я хэщIапIэщ

 Руслан къыщытпежьэну жыхуиIа бжьэпэм и теплъэр зыхуэдэр тхузэхэмыгъэкIыу, Шахэ и ижьрабгъу лъэныкъуэм Iут нэпкъхэр кIуэрыкIуэм тету нэкIэ щэтпщыкIащ.

Къуршхэм я уэрэдус

Дызэрыт илъэсым Дагъыстэнми Урысей псоми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ авар усакIуэшхуэ Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур.
Дагъыстэным хыхьэ Цада къуажэм I923 гъэм дунейм къыщытехьащ Гамзатов Расул. ЩIалэм IэщIагъэкIи гъэсэныгъэкIи япэ ущиякIуэ хуэхъуар езым и адэрщ. Усэхэри шыпсэхэри зэхилъхьэу щытащ Гамзат Цадасэ, Пушкин и таурыхъхэр аварыбзэкIэ зэридзэкIырт. Расул унагъуэм щыщIалэ ещанэт.

Иригъаджэхэм щапхъэ яхуохъу

ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр, и зэфIэкIыр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэр и гъэсэнхэм къыхуаIэ пщIэмрэ абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэмрэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и деканым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Тхьэбысым Иринэ Къарней и пхъур. Абы иригъэджахэм мымащIэу яхэтщ зыпэрыт IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъагъуэхэр, студенту щыщыта зэманыр ягу къыщагъэкIыжкIэ, а бзылъхугъэм и цIэри гуапэу къыхагъэщ. 

ЩIэныгъэм дызэрыхуэкIуар

Урыс-Кавказ зауаем хэкIуэдами е лъахэм иIэпхъукIами, сыткIи пхузэмыгъэзэхуэжын хэщIыныгъэ зыгъуэта адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ мащIэу

Анэбзэ – гупсысэм и лъапсэ

 Дэнэ сыщымыIами, сыт хуэдэ лэжьыгъэ зезмыхьами, зыщызгъэгъупщэркъым си анэбзэр. Си анэм и гущэкъу уэрэдхэр зэрыгъэпсауэ щыта псалъэхэр зейр адыгэбзэрщ. АпхуэдизкIэ абы къару къызет, лъагэу сеIэт, пкъыфIэу зыкъысщегъэхъужри, сыкъэзыухъуреихьхэри, слъагъу цIыхухэри зэрыпсалъэр си бзэу къысщохъу. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и спортсменхэм папщIэ ахъшэ саугъэтхэр гъэувынымрэ тынымрэ пыщIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ къащта языныкъуэ унафэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Компьютерыр къэунэхун ипэ…

Нобэ компьютерхэр къыщагъэсэбэп IуэхущIапIэхэми унагъуэхэми. Иджырей гъащIэм ар къыхыхьэпауэ къалэн куэд зэфIегъэкIри, компьютер зыхэмыт дуней нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Ауэ, иджыри илъэс 40 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, компьютер къэгупсысыным елэжьхэм я нэгуи къыщIагъэхьэртэкъым цIыхубэр абы хуэныкъуэнкIэ хъуну, къагъэсэбэпыну. ЦIыхубэр абы щыгъуэ ирикъурт калькуляторым. 

Дэрэжэгъуэ къыхэзылъхьэр

Мастэрэ Iуданэрэ игъэIэкIуэлъэкIуэф зэрыхъуу дэн щIидзащ Батыр Зерэ. ЩэкI бзыхьэхуэ къыIэрыхьамэ, зэрыджэгу и гуащэхэм фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуидынут. Апхуэдэ зыхузэфIэкIым и ныбжьыр илъэси 4 хъуурэ арат. Езы бзылъхугъэм нобэ и нэгу къыхущIэгъэхьэжыркъым зыгуэр имыду зы махуи дэкIауэ. 

НОБЭ

Мазаем и 16, махуэку

ХъыбарыщIэхэр зегъэкIуэным и дунейпсо махуэщ
УФ-м и Дзэ-Тенджыз флотым и тIасхъэщIэххэм я махуэщ
1956 гъэм
къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэмкIэ кандидат, ЩIДАА-м и член-корреспондент, жылагъуэ лэжьакIуэ Болэ Ильзитэ. 

Дунейм и щытыкIэнур