|
Календарь событий
17 февраля 2023
17 февраля, 2023 - 15:26
«Уэрамым дэт хьэ хьэулейхэм фахуэсакъ»… Иужьрей зэманым дэтхэнэ зыми и тхьэкIумэм итщ а псалъэхэр. А Iуэхум убгъуауэ топсэлъыхь Урысейм къыщыдэкI газетхэри. Къэтхьынщ мыпхуэдэ бжыгъэхэр: иужьрей илъэситIрэ ныкъуэм ди къэралым и цIыху мин 900-м нэхърэ нэхъыбэм хьэхэм я зэран къекIащ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIа щIыналъэ 35-м ар тедгуэшэжмэ, абыхэм я дэтхэнэми ар цIыху 256-м щыноблагъэ. Хьэхэр зэдзэкъахэр зыщIэлъэIур а псэущхьэхэр щаIыгъын щIыпIэ хэха къахуэгъуэтынырщ. Ди «Адыгэ псалъэ» газетми а Iуэхум къыпикIухьыркъым.
17 февраля, 2023 - 15:17
Мы псым адыгэхэм «Лэскэн», осетинхэм «Лескены дон» хужаIэ. КъыщыщIидзэри Тэрч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэжри Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр арами, икухэм хуэзэу иджырей Осетие Ищхъэрэ - Аланием и щIы кIапэми пхрож. «Къырылъэ шытх» зыхужаIэу Кавказ къуршхэм яхэт лъагапIэ екIуэкIым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм зыщызэхуехьэс, километр 59-рэ и кIыхьагъщ. И тIуащIэм Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ, Лэскэн Езанэ (мыр осетин жылэщ, здэщыIэ щIыпIэм I864 гъэм ирагъэтIысхьащ), Лэскэн Ипщэ къуажэхэм зыдаубгъуащ.
17 февраля, 2023 - 12:28
ЩIэныгъэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэр пасэрей щынд-мэуэт лъэпкъыжьхэм къазэрытехъукIам. Ахэр хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ я Iуфэм екIуэкIыу Iусащ, Темэн хытIыгуныкъуэри къызэщIиубыдэу. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэхэм Ахынрэ МыутI гуэлымрэ (хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ пасэрейм зэреджэу щытар аращ) зэпызыщIэ тIуащIэм къыдэтIысхьауэ щытащ алыдж лъэпкъхэр. Хуэм-хуэмурэ абыхэм къызэрагъэпэщат адыгэ лъэпкъыжьхэм ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуа Боспор къэралыгъуэр.
17 февраля, 2023 - 12:12
Адыгэ усакIуэ, литературэдж, журналист, зэдзэкIакIуэ, кинопродюсер, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «СИФФА» урысей-британие международнэ кинофестивалыр къызэзыгъэпэща икIи абы и президент Бэлагъы-Къандур Любэ Хьэзрэталий и пхъур илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм.
17 февраля, 2023 - 11:36
Мазаем и 17, мэрем
♦ГумащIагъэр къэгъэлъэгъуэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысей студент гупхэм я махуэщ
♦1923 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Башир.
17 февраля, 2023 - 11:35
Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэдым гъащIэм ущрохьэлIэ. Уахуозэ зи бзэкIэ мыпсэлъэжыфхэми, мытхэфхэми, уеблэмэ ар къызыгурымыIуэхэри щыIэщ. Апхуэдэхэр мымащIэу къытхэтщ адыгэхэми. А Iуэху мыщхьэпэм щхьэусыгъуэ хуэхъум теухуа и еплъыкIэр къытхуиIуэтащ илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа Табыхъу Ларисэ:
17 февраля, 2023 - 11:18
«Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ», жеIэ псалъэжьым. ИгъащIэ лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI хабзэ дахэхэм я хъыбарыфIхэмкIэ цIэрыIуэщ ди лъэпкъыр. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм зыгуэр тIысынуи, тэджынуи, хъуэхъу жиIэнуи хуиттэкъым.
17 февраля, 2023 - 11:15
ВЦИОМ-м (Жылагъуэм я Iуэху еплъыкIэхэр зэгъэщIэнымкIэ урысейпсо центр) къызэритхымкIэ, 2022 гъэми ди къэралыр зэрыгушхуэу, абы и дамыгъэу къэнэжащ усакIуэ Пушкин Александррэ япэ урыс император Петр Езанэмрэ. А тIум цIэрыIуагъкIэ зы процент закъуэ я зэхуакуу аращ. ЗыкъомкIэ къакIэрыхуу абыхэм якIэлъокIуэ Сталин Иосиф, Ломоносов Михаил, Ленин Владимир, Толстой Лев, Достоевский Федор, Менделеев Дмитрий сымэ, нэгъуэщIхэри.
17 февраля, 2023 - 11:05
Гурылъым и абгъуэ
Мыгувэу дэнэкIи щагъэлъэпIэнущ Анэдэлъхубзэр хъумэным и дунейпсо махуэр. Куэдым ямыщIэми, кърамыдзэ-къафIэмыIуэхуми, мыпхуэдэ махуэшхуэхэр лейуэ къалъытэми, ар узыгъэгушхуэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ мы махуэр ягъэлъэпIэху, лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным гулъытэ нэхъыбэ игъуэтынущ, ахэр щыкIуэдыжыну жыхуаIэ лъэхъэнэри Iэпхъуэнущ.
17 февраля, 2023 - 10:55
ДжэгуакIуэм и макъамэр къэIуху, зы цIыху къеIусэну хуиттэкъым е ар зэпигъэуну зыми кърикуртэкъым. Апхуэдэ къару яIащ ижь-ижьыжым ди лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм. А къарур щIэрыщIэу «къагъэбэуэж» жыпIэну, пшынэр зыгъэбзэрабзэ щIалэгъуалэр ди зэманым нэхъыбэ мэхъу. Абыхэм ящыщщ Къардэн Тимур.
ЩIалэр Сафонов Василий и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал филармонием и органисту, апхуэдэуи органнэ макъамэмкIэ и къудамэм и унафэщIу 2020 гъэ лъандэрэ мэлажьэ.
|