|
Календарь событий
21 февраля 2023
21 февраля, 2023 - 15:55
Адэр дунейм щехыжым и къуэм жриIащ:
- Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сыхуейщ.
- Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?
- Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.
Адэр лIа нэужь, къуэр ежьащ. Уэру ежэх псышхуэм нэсри, абы и Iуфэм къыщызущыхь шы уэдыкъуам ирихьэлIащ.
- Дэнэ укIуэрэ щIалэщIэ, - щIэупщIащ шыр.
- Насып лъыхъуакIуэ сыкъежьащ. Уэ пщIэуэ пIэрэ ар къыщызгъуэтынур?
21 февраля, 2023 - 15:54
Си адэшхуэм и адэ Бей ТIалэ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрихьащ. Сэ абы и хъыбархэм седэIуэн сфIэфIщ, и сурэтхэр, къыхуагъэфэща дамыгъэхэр сэркIэ лъапIэщ. Сыхуейт си адэшхуэм и адэр фэзгъэцIыхуну.
1918 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ Бей ТIалэ Iэдэм и къуэр. Къуажэ школым классих къыщиуха нэужь, ар колхозым хыхьэри, дзэ къулыкъум ираджэхукIэ абы щылэжьащ. Дзэ плъыжьым 1938 гъэ пщIондэ хэтащ. Унэм екIуэлIэжыну хунэмысу, Хэку зауэшхуэ къэхъеям кIуащ. Япэ махуэм щегъэжьауэ Iутащ псэзэпылъхьэпIэм.
21 февраля, 2023 - 15:00
2023 гъэм мазаем и 20 - гъатхэпэм и 1-хэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Сабийр пассажир нэхъыщхьэщ!» лэжьыгъэ.
Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ автомашинэ зэжьэхэуэ къыщыхъукIэ шэнтжьейм ис сабийхэм я гъащIэр къызэрелымрэ имыпхахэм фэбжьу хахымрэ.
Къэдгъэлъэгъуа махуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ къапщытэнущ сабийхэм я шынагъуэншагъэмкIэ Iэмэпсымэхэр автотранспортым къыщыгъэсэбэпыным ехьэлIа хабзэр зэрагъэзащIэр.
ПщIэ зыхуэтщI балигъхэ! Сабийр шэнтжьейм изыIыгъэ Iэмэпсымэхэр уэим фымыщI, ахэр сэбэпщ фэбжьхэр гъэмэщIэнымкIэ.
21 февраля, 2023 - 14:51
Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым Кавказыр езыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар.
21 февраля, 2023 - 13:28
Нэхъапэм адыгэ хабзэ куэд зэрыхьэу щытащ. Абы зэманым зэрызыдихъуэжыр фIыуэ къэзылъытэхэри, ар къемызэгъыу къызыщыхъухэри щыIэщ. «Зэманым декIур лIыфIщ» жызыIа Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэм тепщIыхьмэ, хабзэм зыгуэр щыхэбгъэхуни, зыгуэр щыхэбгъэхъуэни щыIэнкIэ хъунщ, узыхэпсэукIым елъытауэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, жьы хъуар бгым щыдзын хуейуэ зи хабзэ адыгэм ар мыхъумыщIагъэу зэрыщытыр, нэхъыжьхэр гъащIэм куэдкIэ къызэрыщысэбэпыр зэман дэкIри хьэкъ ящыхъужащ. АтIэ сыт хуэдэу ар IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжыр?
21 февраля, 2023 - 12:55
Сыт къафэр зищIысыр? Къафэр - ар цIыхубэ гъуазджэщ. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым и псэр, и дахагъэр. Дэтхэнэ зы лъэпкъми иIэщ къафэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ. Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэщ. Ахэр лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щыIэкIэ-псэукIэр къэзыгъэлъагъуэщ. Ауэ дапщэщ, сыт щыгъуэ, дэнэ цIыхухэр къафэу къыщежьар, япэу къезыгъэжьари хэт? ИIэу пIэрэ а упщIэхэм жаэуап пыухыкIа? Абы теухуауэ Уэрыш Нурхьэлий еплъыкIэ гъэщIэгъуэн иIэщи, абы фыщыдогъэгъуазэ.
21 февраля, 2023 - 12:42
КъБР-м и сенатору УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым щыIэ Къанокъуэ Арсен АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ къыIиха интервьюм гъэщIэгъуэн куэд щыжиIащ. Ауэ къулыкъущIэм илэжь псом къадэкIуэу къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ пыщIэныгъэр, адыгагъэм, хабзэм, бзэм теухуауэ иIэ гупсысэхэмрэ иригъэкIуэкI Iуэхухэмрэ къагъэлъагъуэ ар къызыхэкIам хуэфащэу дунейм зэрытетыр, адыгэ Iуэхур псом япэ зэрыригъэщыр.
21 февраля, 2023 - 12:25
Адрей мазэхэр махуэ 30 е 31-рэ щыхъукIэ, мазаер щхьэ махуэ 28-рэ е 29-рэ фIэкIа мыхъурэ? Сыт ар а мазэм къыщIылъысар? Хьэмэрэ, илъэсиплI къэсыху щхьэ мазаем зы махуэ къыщIагъурэ? А упщIэм и жэуапыр къыщожьэ зэман жыжьэм…
21 февраля, 2023 - 11:12
«Си уэрэдыр чуваш лъэпкъым къыхузош…» – аращ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу щыIэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щекIуэкIа литературэ пшыхьым зэреджэр. Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIым къахэкIа ныбжьыщIэхэр зыхэта а Iуэхугъуэ дахэр жылагъуэхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ дахэт, гугъапIэхэм я шэсыпIэт.
21 февраля, 2023 - 10:10
Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт Iуэху щхьэпэр.
|