|
Календарь событий
22 февраля 2023
22 февраля, 2023 - 16:44
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ лъэхъуэщым исхэм деж хабзэр щыхъума зэрыхъум. Абы теухуауэ лажьэ комиссэм иужь илъэсищым зэфIигъэкIахэр къипщытэжащ, упщIэ щыIэхэм жэуап иритыжащ, я мурадхэм тепсэлъыхьащ.
22 февраля, 2023 - 16:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ «Сириус» егъэджэныгъэ центрым къэрал къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэмрэ я зэIущIэ иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщызыужьын хуей Iуэхугъуэхэм, абыхэм я къызэгъэпэщыкIэ хъунум, лъэныкъуитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуат зэхуэсым къыщаIэта псалъэмакъыр.
22 февраля, 2023 - 15:00
«Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр» илъэс къэс мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Урысейм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызым. Махуэшхуэр РСФСР-м и ВЦИК-м и Президиумым 1922 гъэм щIышылэм и 27-м иубзыхуауэ щытащ, Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс еплIанэ щрикъум ирихьэлIэу. Нэхъапэ ар ягъэлъапIэу щытащ «Дзэ Плъыжьым и махуэу», 1946 гъэм къыщыщIэдзауэ - «Совет Армэм и махуэщ», 1949 - 1992 гъэхэм «Совет Армэмрэ Дзэ-тенджыз флотымрэ я махуэщ». Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, СНГ-м хэт къэралхэм махуэшхуэр ягъэлъэпIэныр зэпагъэуакъым.
22 февраля, 2023 - 14:41
Европей зыплъыхьакIуэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ пщащэхэри зауэ губгъуэм иту щытащ, цIыхухъухэм ящIыгъуу биидзэм пэщIэту.
22 февраля, 2023 - 14:00
Италием и Колизей амфитеатрыр дуней псом и архитектурэ фэеплъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Илъэс минитIым щIигъуауэ а тхыдэ фэеплъыр цIыху мелуанхэм я кIуапIэщ. КъыжыIапхъэщ, Налшык къалэм а фэеплъым и фIэщыгъэрэ теплъэмрэ зиIэ шхапIэ зэрыщыIэр.
22 февраля, 2023 - 13:00
Мы цIэр зезыхьэ псыр хы ФIыцIэм щыхэхуэжыр Сочэ къалэ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 19-кIэ пыIухащ. Абдежым щыIэ зыгъэпсэхупIэми апхуэдэущ зэреджэр.
22 февраля, 2023 - 12:28
Лъэпкъыр лъэпкъыу хамэ щIыпIэм къыщызэтенэныр, и бзэр, и хабзэр ихъумэжыныр куэдкIэ елъытащ ахэр зэрызэхэс щIыкIэм. Зы щIыпIэм нэхъыбэу щызэхэс зэлъэпкъэгъухэр я бзэкIэ нэхъ зопсалъэ, зым адрейм хабзэ кIэлъызэрахьэри, апхуэдэ щIыкIэкIэ хъума мэхъу. Тыркум ис ди лъэпкъэгъухэм ящыщу нобэ бзэр нэхъ зыщIэжыр Узун-Яйла куейм исахэрщ.
22 февраля, 2023 - 12:00
Къалэ теплъэ зиIэ хъуа къуажэ кIыхьышхуэу ПсебайкIэ зэджэр Краснодар крайм ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и Мостовской районым итщ. ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, къызытехъукIар адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэрщ, къызэрыбгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.
22 февраля, 2023 - 11:00
УФ-м и Къэрал Думэм иджыблагъэ урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. ДяпэкIэ хамэбзэм къыхэкIа терминхэу урысыбзэм мыхьэнэгъу щызиIэхэр къагъэщхьэпэу ядэжынукъым.
22 февраля, 2023 - 10:35
А тIур зэрышат фIыуэ зэрылъагъуу. Зэрылъагъу я гугъэт. Ауэ уи гугъэ къудейкIэ зэфIэкIрэ апхуэдэ Iуэхур? Пэжу пIэрэт зэрылъагъур, хьэмэрэ апхуэдэу къафIэщI къудейт? КъыпфIэщIымрэ пэжымрэ куэд я зэхуакущ. Зэман кIыхьрэ Iуэху зыбжанэкIэ бгъэунэхуауэ, узытемышыныхьыжын гухэлъ быдэ уиIэмэщ лъагъуныгъэр щыпэжыр. Зэ зэIущIэгъуэкIэ цIыхур и теплъэкIэ уигу ирихь къудей мыхъуу, ар и дуней тетыкIэкIэ, и хьэлкIэ бгъэунэхумэ укъэзымыгъэпцIэжынщ. Ауэ зигу лъагъуныгъэ къридзар а псом елIалIэрэ? Лъагъуныгъэ зыщIар Iейм хуэнэфщ, хуэдэгущ, фIыуэ илъэгъуам дилъагъу псори фIэдахэщ.
22 февраля, 2023 - 09:00
Мазаем и 22, бэрэжьей
♦ЩIэпхъаджагъэ зыкIэлъызэрахьа цIыхухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
♦1942 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Мухьэмэд.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутату щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Мартин.
|