|
Календарь событий
23 февраля 2023
23 февраля, 2023 - 15:06
Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къыщытезэрыгуэм абы и цIыхухэр зылI и быну зэкъуэувэри, лейзехьэхэм псэемыблэжу япэщIэтащ. Щхьэхуит гъащIэм, мамыр псэукIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.
23 февраля, 2023 - 14:41
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ Лэс- кэн ЕтIуанэ къуажэм дэс Уэркъуасэхэ ящыщу Хьэбцу, Iэмин, Мухьэмэд, Iэдэм, Хьэ-зиз, Хьэзрэт сымэ. ЗауэлI хахуэ, гвардием и старшина Уэркъуасэ Хьэзрэт Бэчыр и къуэм, зауэ гуащIэм тIэунейрэ уIэгъэ щигъуэтами, Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ щиуха 1945 гъэм нэсыху и къулыкъур ирихьэкIащ.
23 февраля, 2023 - 10:09
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэр къэралым и тхыдэм хахуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм я нэщэнэщ. Ар Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ папщIэ диIэ гушхуэныгъэм и щыхьэтщ.
23 февраля, 2023 - 09:06
УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр гъэ блэкIахэм куэдкIэ къащхьэщыкIыу щытащ. Сыт щыгъуи къэрал унафэщIыр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр ди хэкум и зыужьыныгъэрт, къыпэщыт къалэнхэм я хэкIыпIэу къилъытэхэрт, Правительствэмрэ Парламентымрэ зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэрт. Мы гъэми къигъэлъэгъуащ экономикэмрэ псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ теухуа и еплъыкIэхэр, ауэ Зэрызыхуагъазэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар иджыпсту дуней псор зыгъэпIейтей зэпэщIэувэныгъэрт - Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхарт.
|