|
Календарь событий
27 февраля 2023
27 февраля, 2023 - 17:24
Мазаем и 20-м илъэс 75-рэ ирикъуащ Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я клиникэ госпиталь нэхъыщхьэр къызэрызэрызэрагъэпэщрэ. Дзержинский Ф. Э. и цIэр зезыхьэ дзэ цIэрыIуэм и уIэгъэщу къызэрагъэпэщауэ щыта мы IуэхущIапIэм иджыпсту IэщIагъэлIу I000-м щIигъу щолажьэ. Абыхэм Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и дохутыру 23-рэ, Урысей Федерацэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэу 11 яхэтщ.
27 февраля, 2023 - 15:52
* * *
Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
НэгъуэщI дуней сыхобзэхэж,
НэгъуэщI хьэуа сыхоIубэж.
27 февраля, 2023 - 15:46
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, зауэлIхэм я фэеплъым пщIэ хуищIу, Хэкум и хъумакIуэм и махуэм удз гъэгъахэр трилъхьащ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъым.
27 февраля, 2023 - 15:44
Каир и нэхъ къулейсыз дыдэхэр щыпсэу хьэблэм къыщагъуэтыжащ пасэрей дунеижьыр зыгъэгызрэ, джатэдэпщхэм я нэхъ гущIэгъуншэу Рамзес ЕтIуанэ фирхьэуным и фэеплъ домбейр. Нэмыцэ-мысыр археологхэм къызэралъытэмкIэ, мы къэхутэныгъэм нэхъ телъыджэ ирихьэлъакъым алъандэрэ.
27 февраля, 2023 - 15:41
ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIыу нобэм къэса лъэпкъ щIэныгъэм и зы ныбз къыщыпIэткIэ, нэхъыжьхэм я Iущыгъэмрэ ябгъэдэлъа гулъытэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. ТхэкIи еджэкIи ящIакъым, ауэ зытет дунейм и щэхухэр мыбзаджэу ящIэрт, щIыуэпсым и пIалъэми хъарзынэу хащIыкIырт. Къуалэбзухэмрэ псэущхьэхэмрэ я бзэкIэ псалъэми ярейуэ, уахыхьэ щыхъунуми, умыгъэпIейтейуэ далэ дэхын щыхуейми щымыгъуазэ куэд щыIакъым.
27 февраля, 2023 - 15:37
Мы тхыгъэ кIэщIыр зытеухуар 19-нэ лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэм ис гуп щхьэхуэхэр зэкъуэувэу зыхэта зауэ лъыгъажэрщ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, лъэпкъ щхьэхуитыныгъэр яхъумэн папщIэ зи щхьэ емыблэжу зэуахэм я Iэтащхьэу щыта, лIыхъужьу ябж, I834 гъэм Дагъыстэным и КъухьэпIэ лъэныкъуэмрэ Шэшэнымрэ я бгырысхэм езыр-езыру къызэрагъэпэщыжа, ауэ къамылъыта къэралыгъуэм и Iимаму хаха Щамилщ.
27 февраля, 2023 - 15:11
Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэр илъэс 40-м нэблэгъауэ а къэралым щыпсэу, хьэрычэтыщIэ Вэрокъуэ Затийщ. Ар Тыркум и Къайсэр къалэм къедза Узун-Яйла щIыналъэм ит Мударей къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 22-рэ хъуху абы дэсащ, итIанэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Германием кIуащ.
27 февраля, 2023 - 15:08
Инджылыз тхакIуэ Шелли Мэри итха «Франкенштейн, или Современный Прометей» романыр 1818 гъэм къыдэкIауэ щытащ.
27 февраля, 2023 - 15:05
ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэм дащегупсыскIэ, гу лъыдмытэу къанэркъым абыхэм адрейхэм тфIефIэкI, ди псэм нэхъ пэгъунэгъу зэрахэтым. Апхуэдэу си шыпхъум и къуэ Жэрыкъуэ Борис хэт нэхъри нэхъыфIу слъагъурт сэ. Езыми гурэ псэкIэ сызыхищIэрт, «гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ» зэрыжаIэм ещхьу… Дызэгъунэгъут, дызэрылъагъурт… Уи дзыхь зэбгъэз хъу, уи гумрэ уи псэмрэ зыхузэIупхыф цIыхут си шыпхъум и къуэр.
27 февраля, 2023 - 15:02
Уафэ нэзыр пшэм щимыгъэпщкIу махуэ бзыгъэхэм дыгъэ къухьэпIэмкIэ уплъэмэ, пшэхэм я зекIуапIэ уафэгум лъэIэсрэ жыпIэу уолъагъу зи щыгур махъшэ сыджу дыкъуакъуэ Iуащхьэ абрагъуэ, мылгъурыджей мыткIужхэм я афэ быдэм зэщIиIулIауэ. Ар Iуащхьэмахуэщ. Уэс къабзэ зытелъ бгы уардэхэм я лъапэхэм дежщ Бахъсэныпсым и къежьапIэр. Псым жапIэ къигъуэтурэ лъагъуэ хишам дэту къожэх, абы псыIэрышэ бжыгъэншэхэр къыхэлъадэурэ нэхъ ин мэхъу. Тыншкъым абы и гъуэгуанэр.
27 февраля, 2023 - 14:58
Натхъуэдж адыгэхэм къызэраупсэлъу, ТхьэчIэгъчIыгу (Тхачехочук) зи фIэщыгъэ бгыр хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Геленджик къалэм и Iэхэлъахэм щыIэщ.
|